ЗэгурыIуэм нэхъ лъапIэ щыIэкъымУрысейм ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр и дамыгъэщ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр, дин зэхуэмыдэхэр зыIыгъхэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу зэрызэдэпсэум. Уи Хэкур фIыуэ плъагъунымрэ ущыпсэу къэралым фIы хуэпщIэфынымрэ ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къыхэбгъэщи хъунущ: гугъуехьхэми емылъытауэ, цIыхубэр зыужьыныгъэм и гъуэгум тетщ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ ди цIыхухэр сыт хуэдэ зэманми зэкъуэту къызэрыгъуэгурыкIуам. ЗэрытщIэщи, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр гъэлъэпIэныр зытраухуар 1612 гъэм Польшэм Москва къалэр иубыдыну зэрыхэтамрэ Пожарский Дмитрийрэ Минин Кузьмарэ я унафэм щIэту зэщIагъэуIуа цIыхубэм ди щыхьэрыр къызэрыIэщIахыжамрэщ. Ину ямыгъэIуми, къэралым и зэхэзэрыхьыгъуэм, Москва щхьэхуит къыщащIыжым жыджэру хэтахэм ящыщщ адыгэхэм къахэкIа Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) Мамстрыкъуэ и къуэри - къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ и къуэрылъхур, Грозный Иван и етIуанэ щхьэгъусэу щыта Марие (Гуащэнэ) и дэлъхум и къуэр. АбыкIэ наIуэ мэхъу урысей къэралыгъуэр къызэтенэжыным шэрджэсхэри къызэрымыкIуэу зэрыхэлIыфыхьар. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, 1613 гъэм Мамстрыкъуэ и къуэ Дмитрий, уеблэмэ и акъылэгъухэм пщы хъуну къагъуэлъэгъуэнуи хэтат, арщхьэкIэ езым идатэкъым.
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
02.12.2024 - 16:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэрыр япэ итщ
30.11.2024 - 10:55 →
Дзэ автомашинэхэр ягъэлъагъуэ
25.11.2024 - 17:52 →
КIэртIофыр мэбагъуэ
|