Псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъхэм пэрохьэ![]() КъБР-м и Шэджэм щIыналъэм псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъ щаухуэну загъэхьэзыр, псори зэхэту километр 32-рэ и кIыхьагъыу. ПэхуэщIэр и кIэм нагъэсу щытмэ, псы къабзэкIэ къызэгъэпэща хъунущ Шэджэм къалэм, Шэджэм ЕтIуанэм, Яныкъуей, Каменкэ къуажэхэм, Налшык къалэм и щIыпIэ гуэрхэри хэту, псори зэгъусэу я цIыху мин 51-м щIигъу. Къыхэдгъэщынщи, пэхуэщIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм япэу щытепсэлъыхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийщ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэрщ. Шэджэм щIыналъэм псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъыр щаухуэкIэ лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпынущ псыр зэрагъэкъабзэ, ар зэрызэбгратыкI иджырей технологиехэмрэ обрудованэхэмрэ. Абы и фIыгъэкIэ, цIыхухэм яIэрыхьэну псым фIагъ лъагэ иIэнущ, я узыншыгъэми ехьэлIауэ шынагъуэ щыIэнукъым. Мыдрейуэ, Бахъсэн псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъыр ухуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым зыщигъэгъуэзащ къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим. Абы зригъэлъэгъуащ лэжьакIуэхэм къагъэсэбэп материалхэм фIагъ яIэр зыхуэдэр икIи IэщIагъэлIхэм захуигъэзащ лэжьыгъэр дагъуэншэу и пIалъэм зэфIагъэкIыну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Бахъсэн псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъыр, километр 79-рэ зи кIыхьагъыр, ухуэн хуейуэ къыхэзылъхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир 2019 гъэм щыхуэзам щыгъуэ. ПэхуэщIэм псы къабзэкIэ къызэригъэпэщынущ Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыбгъуеймрэ, Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей, Ислъэмей, ПсыкIэху, Бахъсэненкэ (Къэсейхьэблэ) жылэхэм я цIыху мини 100-м нэблагъэ. Иджыпсту лэжьыгъэхэр Бахъсэн къалэм щокIуэкI. Апхуэдэуи Дзэлыкъуэ псы къыщIэшыпIэм и етIуанэ Iыхьэр яухуэну загъэхьэзыр. Абы къызэщIиубыдэнущ районым и къуажэ 13-м я цIыху мин 26-м щIигъу. Курп, Малкэ псы къыщIэшыпэ зэрыIыгъхэми къызэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ. Абыхэм къадэкIуэу, республикэм щызэрахъуэкIынущ е къагъэщIэрэщIэжынущ псыр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэри.
Поделиться:
Читать также:
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
04.03.2026 - 15:25 →
Нэгъабэрейм къыкIэроху
04.03.2026 - 13:19 →
Къалэм уиутIыпщыркъым
03.03.2026 - 13:24 →
Куэд къызэщIеубыдэ
| ||





