Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ щызэщIэжьыуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрым и щIыхьэпIэ пэшышхуэр сурэт дахэхэм ­яуфэбгъуат щэкIуэгъуэм и 1-м и пщыхьэщхьэм. Зэманыр хэкIуэтауэ къыпщигъэхъуу пшапэр зэрызэхэуами къы­зэтригъэувыIакъым цIыхухэр, къалэдэсхэмрэ хьэ­щIэхэмрэ къыщIыхьащ абджыпсым къыпхыщ сурэт ­телъыджэхэр зрагъэлъагъуну, абы щыжаIэм щIэдэIуну. «Остановись, мгновение…» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр зейр Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и сурэтыщI нэхъыщхьэ Дэ­цырхъуей Рузанэщ. 

- Ди IуэхущIапIэр къыщы­зэIуахыгъа щэкIуэгъуэм и 1-м нэрымылъагъуу къанэ ди сурэтыщIхэр дгъэлъэпIэну мурад тщIат. Апхуэдэ IэщIагъэлIу тIу диIэу аращи, Мамбэт Пётр нэхъ къищтащ япэу Рузанэ и IэдакъэщIэкIхэр утыку къитхьэмэ. 2026 гъэм илъэс 90 хъунущ ди театрри, ар къэмыс щIыкIэ Пётр ейри къызэдгъэпэщыну ди мурадщ, - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым Урыс драмэ театрым и унафэщIым и къуэдзэ Вэрокъуэ ХьэIишэт. - Апхуэдэуи мы гъэм Рузанэ егъэлъапIэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъуар. Унагъуэ дахэу зэхэт ди IуэхущIапIэм и лэжьэкIэм ещхьщ нобэрей ди пшыхьри - гуапэщ, хуабэщ, хуитщ. 
Рузанэ хуэгъэза псалъэ гуа­пэхэм къыдэкIуэу, ХьэIишэт кIэщIу и гугъу ищIащ гъэлъэ­гъуэныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуа махуэм пщэрылъ къыпщищI Iуэхум - театрым и тхыдэм. Я зэман емыблэжу пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэми фIыщIэ яхуищIащ. 
Абы къыщыпсэлъахэу КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, ди республикэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Куэ­тэншы Хьэлимэт, СурэтыщI ­гъуазджэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм и гуа­щэ Ремхен Еленэ сымэ зы жьэу жаIащ Дэцырхъуейм и Iэдакъэ­щIэкIхэр зэрыкупщIафIэр, ар гъуазджэм ирипсэу, и гуа­щIэм гурыфIыгъуэ хэзых цIыхуу зэ­рыщытыр, и гум ирилъхьэ дэтхэнэ зы мурадыфIри ­хъуэ­пса-­
­пIэри къехъулIэну зэрагуапэр.
СурэтыщIым и гугъу мащIэу фхуэтщIынщ. Дэцырхъуей Рузанэ Мухьэмэд и пхъур шы­щхьэуIум и 13-м 1974 гъэм Лашынкъей къуажэм къыщалъ­хуащ. ЦIыкIунитIэу щIидзащ ар сурэт щIыным дихьэхын, иритхъэхэмкIэ къэзыухъуреихь дунейм зэрыхущытыр къигъэлъэгъуэну хущIэкъурт. Адэ-анэм ялъагъурт ар икIи зэрыдэIэпыкъуным, зэрытрагъэгушхуэным яужь итт. Курыт еджапIэр къыщиухым, нэгъуэщI Iэщагъэ зригъэгъуэтыну и пщIыхьэпIи къыхэхуакъым. 1998 гъэм абы къиухащ Косыгин А. и цIэр зэрихьэу Москва дэт текстиль академием прикладной гъуазджэмкIэ и факультетыр. Зы зэманкIэ ди къэралым и къалащхьэм дэт уней IуэхущIапIэхэм ящыщ зым сурэтыщI-модельеру щылажьэри, итIанэ и хэку ­къигъэзэжащ. Илъэс куэд щIауэ Налшык и театрхэм ядолажьэ, и сурэтхэр ищIынми ар зэран яхуигъэхъуркъым. Урысейм и СурэтыщIхэм, и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ, и лэжьыгъэм министерствэ зыбжанэм я гулъы­тэ къилэжьащ, щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. 
«Пылающий июнь», «Сирень», «Садовый букет», «Амфитрита», «Первый снег», «Радости жизни», «Лето в горах», «На встречу жизни», «Сказка для двоих», «Восточная сказка», «Ирисы», «Жар птица», нэ­гъуэщI фIэщыгъэхэри зиIэ IэдакъэщIэкIхэм, театр щыгъы­ныгъуэхэм я эскизхэм узыIэпашэ жыпIэнри зыри жумыIэх­хэнри зыщ. АпхуэдизкIэ нэ­Iу­рытщ, апхуэдизкIэ теплъа­фIэщ, гупсысэ куу зэрыхэгъэпщкIуар псэкIэ зыхыуагъащIэу хуабэхэщи. Ахэр гъэзэ­щIащ жыпхъэ зэмылIэужьы­гъуищкIэ. Акрилрэ дагъэр зи лъабжьэ лэчкIэ щIащ нэхъы­бэр, адрейхэр къыхэгъэсыкIащ (пирографие), ещанэхэм графитаж жыхуаIэ жыпхъэр я лъабжьэщ. Иужьрейр «мастэ гъущэ» зи фIэщыгъэ Iэмалым, сурэтыр мастэкIэ, лезвэкIэ, сэ цIыкIукIэ гъущIым щытратхъэм, нэхъ пэгъунэгъущ. Графитажыр зэращIри апхуэдэущ, ауэ гъущIым и пIэкIэ къагъэсэбэпыр нэху зыпхрагъэдз, траха сурэтыр зытращIыхь кIэлъымпIэ псыфырщ.
- Театрым и унафэщIхэм си гъэлъэгъуэныгъэ тщIымэ зэрагуапэр къыщызжаIэм сыщыгуфIыкIащ икIи си студент IэдакъэщIэкIхэм щегъэжьауэ зэман зэхуэмыдэхэм дунейм къытехьахэр - псори зэхэту лэжьыгъэ 50-м нэс - утыку къитхьащ, - жиIащ езы Рузанэ псалъэ щратым. - «КъэувыIэ, напIэдэхьеигъуэ…» щIыфIэсщари зы дакъикъэ, зы теплъэгъуэ къызэтезгъэувыIэну сытым дежи сызэрыпылъыр аращ. Куэдрэ къохъу си нэм къыIуи­дза гуэр зы зэманкIэ си щхьэм щысхъумэу иужькIэ ар сурэт гъэщIэгъуэну къыщызэры­тIэ­пIыкIыж. Къапщтэмэ, дэтхэнэ си зы лэжьыгъэри къызэтеувыIа меданщ. 
ЗэIущIэм кърихьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ Рузанэ, гулъытэу къыхуащIам хуэдиз пщIэ дэтхэнэми къылъысыну зэригуапэри къыхигъэщащ. 

 

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: