Балъкъэр усыгъэм и гуащэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи ныбжьыр илъэс 90 ири­къуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля хуэзащ. 

Зи махуэшхуэр республикэм щагъэлъапIэ усакIуэм и цIэкIэ ипэ махуэм литературэмрэ музыкэмрэ щызэIэпэгъу пшыхь дахэ зэхашащ. Абы къекIуэлIащ Зумакуловэм ехъуэхъуну щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ IэщIагъэлIхэр, гъэзэщIакIуэ, хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, цIыхубэм я лIыкIуэхэр, и зэчийм пщIэ хуэзыщIхэр. 
А махуэ дыдэм Налшык Усыгъэм и лъэс лъагъуэм щекIуэкIащ ­Зумакуловэм и усэхэм къыщеджа зэIущIэ. УсакIуэм и махуэ лъапIэм къыщыпащащ езыр къыщалъхуа Iуащхьэмахуэ районым. 
Зумакуловэ Танзиля Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и усыгъэм къыщигъэлъэгъуащ хэкум и дахагъэр, балъкъэр псэукIэ хабзэмрэ лъэпкъ хьэлымрэ зыми зэремыщхьыр. Зумакуловэм и IэдакъэщIэкIхэр теу­хуащ гуапагъэм, цIыхугъэм, хэку фIылъагъуныгъэм, къызыхэкIа лъэпкъым. УсакIуэм и Iэзагъым къэралым и гулъытэ игъуэтащ, саугъэт куэдкIэ къыхагъэщащ.  
КIуэкIуэ Казбек Зумакуловэм узыншагъэ быдэ иIэрэ и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр игъэгуфIэу иджыри илъэс куэдкIэ дунейм тетыну ехъуэхъуащ.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться: