Уасэ зимыIэщ я мыхьэнэр

«Адыгэ псалъэ», «Заман», «Кабардино-Балкарская правда» республикэ газетищыр илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ, абыхэм я лэжьакIуэхэр щэкIуэгъуэм и 7-м Налшык къалэм и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щагъэлъэпIащ. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек пшыхьым къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэр, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр, къэкIуэнур зыухуа и цIыху гуащIафIэхэм я лэжьыгъэр а газетищым я напэкIуэцIхэм зэрахъумэр.
- Илъэси 100-кIэ къэгъуэгурыкIуа республикэ газетхэм гъуэгуанэ дахэ къызэранэкIащ. Иджырей хъыбарегъащIэ Iэмалхэм журналистым и IэщIагъэм нэхъри зрагъэубгъуащ, цIыхухэм нэхъ псынщIэу хъыбархэр Iэрагъэхьэф хъуащ. Абы къыдэкIуэу, уасэ зимыIэщ газетхэм гъэсэныгъэ мыхьэнэ зэрагъэзащIэр. Газетым и лэжьакIуэхэр цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр ящIэу ядогъуэгурыкIуэ, жылагъуэм зэгурыIуэ щыIэным, ар зэкъуэтыным, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI. ХъыбарегъащIэ Iэмалхэм - телевиденэм, Интернетым, радиом - заужьами, газет къыдэкIыгъуэхэм я мыхьэнэр нэхъ мащIэ абыхэм ящIакъым. Журналистхэм елъытащ цIыхум я гукъыдэжыр зыхуэдэнур, сыту жыпIэмэ ахэр фи тхыгъэхэм йоджэ, фи псалъэхэм дзыхь хуащI. ЩIыналъэ унафэщIхэм ди мурадщ зи тхыгъэхэр пэжым и телъхьэу цIыхубэр зэкъуэтыным елэжь журналистхэр адэкIи дгъэгушхуэну, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр едгъэфIэкIуэну. Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм - Хэкум и цIыху пажэхэм, къэралым, республикэм хуэщхьэпэн зыщIэ лэжьа­кIуэхэм - ехъулIэныгъэ фиIэу фатетхыхьу адэкIи фи лэжьыгъэм пыфщэну ди гуапэщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
КъБР-м и Iэтащхьэм хъыбарегъащIэ IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэм фIы­щIэ яхуищIу КъБР-м и ЩIыхь тхылъхэр яритащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарь Къаншокъуэ Эллэ, «Кабардино-Балкарская прав­да» газетым къыдэзыгъэкI и редактор Къожакъ Мае, «Заман» газетым и унафэщI-редактор Жангуразовэ Нажабат сымэ.
Я зэфIэкIымрэ я лэжьыгъэм емызэшу зэрегугъумрэ пэкIуэу, «КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр хуагъэфэщащ: «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор НэщIэпыджэ Замирэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и уна­фэщI-редактор Гуртуев Расул, «Заман» газетым и редактор Трамовэ Зухра.
КъБР-м и Iэтащхьэм и ФIыщIэ тхылъыр иратащ: «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор Щхьэ­щэмыщI Изэ, «Кабардино-Балкарская прав­да» газетым и корреспондент Биденкэ Маринэ, «Заман газетым и редактор Османов Хьисэ.

АдэкIэ псэлъапIэм къыте­хьащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн ­Мурат. Ар къеджащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къигъэхьа тхыгъэм. Абы итт: ­«Газет къыдэкIы­гъуэхэр лъэпкъхэм я тхыдэм, ­хабзэм, щэнхабзэм я щIэнгъуа­зэу къэплъытэ хъунущ. ЛIэщIыгъуэм къриубыдэу газетхэр зэманым и гъэунэхуныгъэхэми пэлъэщащ, лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэри ди нобэм къахьэсащ. Газетхэм я тхыдэр быдэу ­епхащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрызэфIэувамрэ зэрызиу­жьам­рэ. Ди зэманми фи псалъэм цIыхур щIодэIу. Илъэсищэ гъуэгуанэмкIэ газетищми сынывохъуэхъу икIи фIыщIэ фхузощI анэдэлъхубзэхэр ­хъумэным фызэрытелажьэм папщIэ. Ар ди зэманми мы­хьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ».
Журналистхэм ехъуэхъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий: «Къалэмыр зыIыгъ, псалъэм и къарур зи IэщIагъэм къыщызыгъэсэбэпыф журналистхэм я IуэхущIафэм и мыхьэнэр къэIуэтэгъуейщ. Псом хуэмыдэжу нобэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Iуэхум и пэжыпIэр цIыхум деж нэхьэсыным. ФIыщIэ ин фхузощI фи IэщIагъэм, Хэкум фызэрыхуэпэжым, адыгэ щэнхабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ ­хъумэным, ахэр цIыхубэм я деж нэгъэсыным, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ хъуным хэлъхьэныгъэ зэрыхуэ­фщIым папщIэ», - жиIащ тхьэмадэм. Абы ДАХ-м къыбгъэ­дэкI дамыгъэхэр яхуигъэфэщащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэу Чэрим Марьянэ, Къаныкъуэ Анфисэ, Хьэщы­къуей Олег сымэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и журналист Богачёвэ Иринэ, «Заман» газетым и редактор Тикаевэ ФатIимэ.
Махуэшхуэр зыгъэлъапIэхэм ехъуэхъуну пшыхьым къеблэ­гъат ди къуэш республикэхэм къикIа хьэщIэхэри: «Адыгэ ­макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ (Адыгэ Республикэ), КъШР-м и ЦIы­хубэ Зэхуэсым и УнафэщIым и дэIэпыкъуэгъу, Къэрэшей-Шэр­джэсым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэ­гъэпсэу Увжыкъуэ, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люса­нэ, «Къарачай» газетым и ­ре­дак­тор нэхъыщхьэм и къуэ­-дзэ Байрамкуловэ Зульфия, «Раст­дзинат» газетым и къы­дэкIыгъуэ хэхахэм я редактор Сланов Аслъэн (Осетие Ищхъэрэ - Алание). 
- Мы махуэшхуэр зэкъуэш республикэхэм ди зэхуэдэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, илъэс ­40-м нэблэгъауэ газетхэр дызэдолажьэ, ди тхыгъэхэмкIэ дызохъуажэ. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэм фIыуэ дызэрегъэцIыху, зы гуп хуэдэу дызэдегъэлажьэ. Иджыблагъэ махуищкIэ ди журналист къэдгъуакIуэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIа къудейщ. ЖысIэнуращи, псалъэм макъ зэрыщIэтын хуейм ещхьу, «Адыгэ псалъэмрэ» «Адыгэ макъымрэ» адэкIи дызэкIэлъыкIуэну ди гуапэщ. Дызылъэпкъщ, дызэлэжьыр зы Iуэхущ, - къыхигъэщащ МэшлIокъуэ Саидэ. Апхуэдэуи ар къеджащ АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал комитетым и хъуэхъу тхыгъэм. 
Абидокъуэ Люсанэ Къэрэшей-Шэрджэсым Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэ­хэмрэ печатымкIэ и ЩIыхь тхы­лъыр яритыжащ «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман» газетищми я редакцэхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, Абидокъуэр зи унафэщI «Черкес хэку» газетым и зы къыдэкIыгъуэр «Адыгэ псалъэм» и илъэси 100-м зэры­триухуари. Ди гуапэ зэрыхъунщи, Люсанэ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ зыбжанэм къыдитыжащ КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм къытхуигъэфэща щIыхь тхылъ­хэр: Жыласэ Маритэ, Табыщ Мурат, сэ. 
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс 23-кIэ и редактор нэхъыщхьэу щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ 1970 - 1980 гъэхэм зэрыщытам хуэдэу, газет­хэм я тиражыр мин 20-м нэс хъужыну зэраплъапIэр. «Псалъэм и къарур инщ, псом хуэмыдэу бзэр хъумэным ехьэлIауэ. Абы къыхэкIыу къы­дэкIыгъуэхэм гулъытэ яIэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым», - жиIащ ХьэфIыцIэм. 
Пшыхьым ягу къыщагъэкIыжащ республикэ газетхэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм хэлъхьэ­ныгъэ хуэзыщIахэр. Абыхэм ящыщу и цIэ къраIуащ 1998 гъэм къыщыщIэдзауэ 2021 гъэ пщIондэ «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта ­Аттаев Жамал. 
ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий газетищым я махуэшхуэмкIэ щехъуэхъум къыхигъэщащ къыдэкIыгъуэхэм я пщIэр зэрылъагэр. «Прессэм хъыбарыщIэхэр зэбгригъэкI ­къудейкъым, абы бзэр ехъумэ, цIыхум и гупсысэр еунэтI. ЩIэ­ныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиемрэ абы и Президент Къанокъуэ Арсенрэ къабгъэ­дэкIыу сынывохъуэхъу ехъу­лIэныгъэхэр фиIэну», - жиIащ къэпсэлъам. Абы ЩIДАА-м хэт Щоджэн Iэсхьэд къыдигъэкIа «Адыги» тхылъыр «Адыгэ псалъэ» газетым тыгъэ къыхуи­щIащ.
- Журналист лэжьыгъэм илъэс 20-м щIигъуащ сызэ­ры­хэтрэ - корреспондент лэжьыгъэм къыщыщIэдзауэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием и унафэщI ­къулыкъум щыщIэкIыжу. Ауэ сыт щыгъуи си гум IэфIу илъщ «Адыгэ псалъэм» лэжьэн къы­зэрыщыщIэздзар. ИкъукIэ фIы­щIэ яхузощI, си насып къихьу, а илъэсхэм къыздэIэпыкъуа нэхъыжьхэм. Газетым и лэжьа­кIуэхэр нобэми псэкIэ спэгъу­нэгъу гупщ. «Адыгэ псалъэращ» журналист IэщIагъэр фIыуэ щыслъэгъуар, гъащIэ гъуэгу схуэзыщIар. Сыныво­хъуэхъу ехъулIэныгъэхэр дя­пэкIи фиIэну, - жиIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием и унафэщI Къэзанш ­Людмилэ.
Пшыхьым и кIэм «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Жы­ласэ Заурбэч, Бжьахъуэ Ра­нетэ, Конаков Хьэсэн сымэ ­ма­хуэ­шхуэр къадэзыIыгъахэм фIы­щIэ хуащIащ. Абыхэм къыхагъэщащ илъэси 100 гъуэгуанэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъуа Iуэхугъуэ псори газетхэм я напэ­кIуэцIхэм къызэры­щы­гъэ­­лъэ-
гъуэжар, дэтхэнэри и къалэным пэлъэщауэ къызэралъытэр. 
- Илъэси 100-м къриубыдэу зы щIэблэм и пIэм адрейр къиувэу ди газетхэр къэгъуэгурыкIуащ, лэжьакIуэ пщIы бжы­гъэхэр абыхэм щызэ­блэкIащ. Мы Iуэхум ирихьэлIэу «Адыгэ псалъэ» газетым тхылъ щхьэхуэ къыдигъэкIащ, зыми и гуащIэр дымыгъэкIуэдын папщIэ. Газетым и блэкIамрэ абы щылэжьахэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр зэрыт къыдэкIыгъуэр ди лъэпкъ газетым и щIэнгъуазэу къэплъытэ хъунущ, - жиIащ Жыласэ Заурбэч. - Иужьрей илъэс 40-м ди редакцэм и унафэщIу щытар цIыхуитIщ: Мэзыхьэ Борисрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ. Дэтхэнэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ адыгэ журналистикэм. Мэзы­хьэм хузэфIэкIащ Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ къы­щыдэкI лъэпкъ газетхэм я гъу­сэу номер зэхэтхэр ягъэхьэзыру ищIыну, ХьэфIыцIэм дапищIэжащ хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм. ФIыщIэ яхузощI зэпымыууэ гулъытэ къытхуэзыщI ди щIыналъэ уна­фэщIхэми «Адыгэ псалъэр» къызыIэрыхьэ ди щIэджы­кIа­кIуэхэми. Тхьэм фригъэфIа­кIуэ!
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Тэрч къэзакъхэр», «Балкария», Щхьэ­лыкъуэ къуажэм дэт макъамэ школым лъэпкъ къафэм­кIэ щапхъэ зытрах и «Шардан» гупхэм хэтхэм, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Теппеев Алим, ­КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Еуаз Азэмэт, «Голос. Дети» нэтыным пажэ щыхъуахэм ящыщ Куэцэ Идар сымэ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: