ЕфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ![]() Адыгэ Республикэм мы гъэм егъэлъапIэ ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ зэрырикъур. Абы ирагъэхьэлIащ «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм я журналистхэр «Адыгэ макъым» дызэрыригъэблэгъар. Республикэр къызэрыунэхуам и гугъу тщIын ипэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ и теплъэкIи, псэукIэкIи, IэмалкIи ефIакIуэ зэпыту Адыгейр къызэрыгъуэгурыкIуэр. Нобэ абы уи нэгу къыщыIуедзэ унэщIэхэр, гъуэгущIэхэр, IуэхущIапIэщIэхэр куэду къызэрыщызэIуахыр, цIыхухэр нэжэгужэу, зыхуей хуэзэу зэрыщыпсэур. Къэралыгъуэм и къежьапIэр
Тхыдэм и напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. Абы и цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. 1937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хыхьэу щытащ. Хэгъэгу щхьэхуэ мэхъуАдыгейр хэгъэгу щхьэхуэу Урысей Федерацэм хэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я II съездым. Ар 1990 гъэм екIуэкIащ икIи «РСФСР-м и къэрал суверенитетым и декларацэр» и тегъэщIапIэу РСФСР-м и Конституцэм и 71-нэ, 82-нэ, 84-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. А зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Урысейм и автономнэ областхэр крайхэм къыIахыжри, Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэ хъуащ. Ар конституцэкIэ щIагъэбыдащ 1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м. Адыгэ лъэпкъыр къызэщIекъуэЩхьэхуэу къытеувыIапхъэщ автономием къыкIэлъыкIуэу республикэ хъуа щIыналъэм адыгэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIам. Кавказ зауэжьым иужькIэ, 1897 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щыта къыхэтхыкIыныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Кубань и Iэгъуэблагъэм иса ди лъэпкъэгъухэр абы щыпсэу цIыхухэм я проценти 2 къудей хъууэ арат. ЦIыху мини 192-рэ исти, абы щыщу мин 30-рт адыгэр. А бжыгъэм хэтт Щхьэщэхуж щыпсэухэри, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэри. Иджыпсту республикэм адыгэ мин 27-рэ исщ. Автономием лъэпкъыр нэхъ зэщIикъуащ. Хьэхъурэт Щыхьынджэрий хэкум пашэ хуэхъуат абы щыгъуэм. Республикэр щIыналъэ щхьэхуиту зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт экономикэмрэ щэнхабзэмрэ къэIэтыным. Арауэ жыпIэ хъунущ щIыналъэр зыгъэбыдар. Къэрал ныпу къащтэКъэралыгъуэ зэрыхъуам и нэщэнэ ныпыр, гербыр, гимныр къащтащ. Зэманыр зэрыхьзэрийуэ, зэпэщIэувэныгъэхэр щыкуэду щытами, ди лъэпкъэгъухэм яхузэфIэкIащ адыгэ лъэпкъым и ныпыр къэрал ныпу кърагъэщтэн. Абы папщIэ Адыгейм и лIыкIуэхэр Санкт-Петербург щыIэ геральдикэ комиссэм ягъэкIуауэ щытащ. Лъэпкъ ныпым и теплъэри пхъуэж зэрымыхъунур щрагъэдащ абы. НэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIауэ республикэм щыпсэухэм я хуитыныгъэхэри хъума хъуным и нэщэнэу, Джарым Аслъэн къыхилъхьэри, ди лъэпкъ бэракъыр Адыгейм и къэрал IуэхущIапIэ псоми фIадзащ. Илъэси 160-рэ зи ныбжь лъэпкъ ныпыр нобэ къэрал мыхьэнэ зиIэ хъуащ. ИужькIэ зэныкъуэкъуи къиини къыхэмыкIыу гербымрэ гимнымрэ къащтащ. ЛIыщхьэхэм я зэфIэкIРеспубликэм зэманым декIуу зэрызиужьым я фIыгъэшхуэ хэлъщ илъэс зэхуэмыдэхэм абы и унафэщIу щытахэу Джарым Аслъэн (1992 - 2002), Щэумэн Хьэзрэт (2002 - 2007), ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий (2007 - 2017), 2017 гъэ лъандэрэ Iэтащхьэ къулыкъум пэрыт КъумпIыл Мурат сымэ. Иджырей АдыгейрАдыгейм и псэукIэр зэрефIакIуэм, зэрызиужьым абы щыпсэухэми хьэщIэу еблагъэхэми гу лъатэ. Я гъуэгухэр, жылагъуэ щIыпIэхэр дахэу зэрагъэпэщ, спортым, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным ехьэлIа IуэхущIапIэхэр къызэIуах. ЦIыхухэм я нэгу зыщрагъэужьыну щIыпIэхэр и куэдщ, сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэри Мейкъуапэ щыбгъуэтынущ, щIыналъэхэмрэ жылэхэмри еджапIэхэр, гъэсапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр къыщызэIуах. А псор и щыхьэтщ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм ящыщу зыужьыныгъэмкIэ Адыгейр япэ зэритым.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||





