Iэтащхьэр ехъуэхъуащ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и МВД-м и лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ зэIущIэм. Республикэм и Iэтащхьэр МВД-м и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ я махуэшхуэмкIэ. - Лэжьыгъэ хьэлъэщ, ауэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ вгъэзащIэр. ЦIыхухэр, жылагъуэр, къэралыр хабзэм тету псэун, шынагъуэншагъэр щIыналъэм щытепщэн папщIэ фызыщымысхьыжу фи къалэнхэр фогъэзащIэ. Сыт къэмыхъуами, фи щхьи узыншагъи фемыплъу, хабзэмрэ цIыхухэмрэ хъумэным фи къарур хувоунэтI. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и лэжьакIуэхэм зэкъым, тIэукъым фи лIыгъэмрэ щIэныгъэмрэ зыхуэдизыр къызэрывгъэлъэгъуар. Ерыщу фыпэщIэтщ бзаджащIэхэм, терроризмэм, экстремизмэм, экономикэ и лъэныкъуэкIэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэмрэ Iулъхьэ зэIэпызыххэмрэ. ЦIыхухэм хабзэм и къарур здынэсымрэ захуагъэ зэрыщыIэмрэ ягъэунэху фи фIыгъэкIэ. Нобэ, дуней псор къыщытпэщIэува, лъэпкъ шынагъуэншагъэм теухуауэ дызэрыува щытыкIэм дыкъикIынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къэралыр, Кавказ Ищхъэрэр зэрыубыдыным, зэщIыгъуу лэжьэным. Быдэу си фIэщ мэхъу КъБР-м и МВД-м щылажьэхэр, сытым дежи хуэдэу, къыфхуагъэув къалэнхэм щIыхь пылъу фызэрыпэлъэщынур. ФIыщIэ фхузощI лIыгъэ фхэлъу фи къулыкъур зэрефхьэкIым папщIэ. Сигурэ си псэмрэ къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фыузыншэну, фи хъуэпсапIэхэм фылъэIэсу фыпсэуну, - жиIащ КIуэкIуэм.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





