Къэбэрдей-Балъкъэрым Географие диктант щатхынущ

ЩIэныгъэр хышхуэм хуэдэщ, псыхэлъадэр и куэдрэ и лъащIэр унэмыплъысу куууэ. ЦIыхур зытет дунейм къыщекIуэкIри абы ещхьщ: щэхубэщ, гъэщIэгъуэныщэщ, къитыр къыпхуэмылъытэну инщ. Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ хъумэныр, гулъытэ хэха яхуэщIыныр, абыхэм епха щIэныгъэр щIэблэм бгъэдэлъхьэныр хьэкъышхуэщ. Ар къалэн зыщызыщIыж сыт хуэдэ пэхуэщIэми гъуэгу етыпхъэщ, нэхъыбэм яхэгъэIуапхъэщ. Иджыблагъэ Урысей географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм къита хъыбарыр а гупсысэм хуэунэтIа Iуэхугъуэщ.

Зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэ хъыбар къызэритамкIэ, щэкIуэгъуэм и 16-мрэ 17-мрэ X Дунейпсо Географие диктантыр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщатхынум зыхуагъэхьэзыр. УзэщIакIуэ мыхьэнэ зиIэ географие диктантыр илъэсипщI хъуауэ ди щIыпIэм щокIуэкI, а Iуэхугъуэми гъэкIэ жыджэру хэтщ КъБКъУ-м географиемкIэ и къудамэм и егъэджакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, студентхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэр. Апхуэдэу Iуэхум къыхохьэ географиемкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр здынэсыр къэзыпщытэжыну хуей дэтхэнэри.

Географие диктантыр япэ дыдэу къыщыхалъхьар 2015 гъэрщ. Абы щыгъуэм ар щекIуэкIар Урысейм хиубыдэ щIыналъэхэращ. Ауэ, илъэситI нэхъ дэмыкIыу, диктантым зиубгъуащ, абы хамэ къэралхэри къыхыхьэу хуежьащ. Географие диктантыр къызэрыхалъхьэрэ нобэр къыздэсым ябгъэдэлъ щIэныгъэр къапщытэжыну къыхыхьащ къэрали 122-м щыпсэухэр, абыхэм я бжыгъэри мелуанитIым фIыуэ щхьэдэхащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Географие диктантыр щатхынущ щIыпIэ жыжьэ кIуэ мафIэгухэми, зауэ хуэIухуэщIэхэм тегъэпсыхьа кхъухьхэми, псым есу тет, электрокъару къэзылэжьхэми, музейхэми, жыг хадэхэми, уеблэмэ уахэм ит кхъухьхэми. Псори зэхэту къэралым диктантыр щатхыну щIыпIэ мини 10-м щIигъу ягъэхьэзыращ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, Iуэхугъуэм щхьэкIэ цIыху минитху хуэдиз зыщIэхуэн щIыпIи 140-р Iуэхум хуэхьэзырщ.

КIэрашэ Аксанэ къызэрыхигъэщамкIэ, къэралым щатх диктант зэмылIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу, мы Iуэхугъуэм цIыхубэм къабгъэдэкI упщIэхэр хегъэубыдэныр хабзэ дахэу уващ. «Мы гъэм къызэгъэпэщакIуэхэм географием ехьэлIа упщIэ куэд дыдэ къаIэрыхьащ. КъыхэкIа упщIэхэм географиер сурэт щIыным, макъамэм, литературэм, усыгъэм, кином, лъэпкъ IэщIагъэхэм ирапх. Апхуэдэ упщIэхэр «Географие диктантым уи гуащIэ къыхэлъхьэ» зыфIэтща зэхьэзэхуэм къыхэкIащ. ЖэрдэмщIакIуэхэр тегушхуэри диктантым къыхыхьэну упщIэхэм я процент 90-р цIыхухэм къагъэхьахэм къыхахащ. ЦIыхур жэрдэмым гуапэу къызэрыпэджэжым къегъэлъагъуэ географиер щIэупщIэ зиIэ щIэныгъэхэм ящыщу зэрыщытыр. Апхуэдэу илъэсипщI хъуауэ екIуэкI Географие диктантым хиубыдэ Iуэхугъуэхэм макъкIэ кърагъаджэ гъуазджэ, щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэм гуащIафIэу хуэлажьэхэр», – жеIэ КIэрашэм.

Географие диктантым и тхыным дакъикъэ 45-рэ хухах. Ар IыхьитIу зэхэтщ, я гугъуагъ-псынщIагъкIи зэщхьэщокI. Япэу къакIуэ упщIипщIыр нэхъ тыншщ, ахэр нэхъыбэм зэдащIэ географие Iуэхугъуэхэм ятещIыхьащ. Абы иужькIэ къызэкIэлъыкIуэ упщIэ щэщIыр нэхъ гугъущ. Жэуап пэжыр умыщIэмэ, абы утепсэлъыхькIэрэ, зэпкърыпхкIэрэ уекIуэлIэфыну аращ. Абы къищынэмыщIауэ, Географие диктантыр щекIуэкI щIыпIэм и жэрдэмкIэ а щIыналъэм и щIыуэпсымрэ къэзыухъуреихь дунеймрэ ехьэлIа упщIэхэр хэтынущ. КIэрашэм щхьэхуэу къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и географием ехьэлIа упщIэхэм я жэуап пэжыр къэзытымм къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкIыу тыгъэ лъапIэхэр иратынущ.

Диктатныр щIидзэнущ щэкIуэгъуэм и 16-мрэ 17-мрэ сыхьэт 12-м. Ар щатх махуэм емыхъулIахэм папщIэ Географие диктантыр абы и интернет напэкIуэцIым (dictant.rgo.ru) махуипщIкIэ илъынущ, упщIэхэм жэуап иратурэ къызэгъэпэщакIуэхэм я деж ягъэхьыфынущ, кърикIуахэри занщIэу къащIэну Iэмал яIэнущ. Щхьэж итхамкIэ къихьа балл бжыгъэр къищIэн щхьэкIэ, диктантым хэта дэтхэнэми уней номерхэр яIэн хуейщ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: