Канадэм и Монрель къалэм дэт еджапIэ нэхъыщхьэм (университетым) ядэлажьэ астрономхэм, Уэбб Джеймс телескопыр къагъэсэбэпкIэрэ, иджыблагъэ Бдзэжьейхэм я вагъуэбэм (созвездие Рыб) къыщахутащ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм зыгуэрхэмкIэ хуагъадэ планетэ.
Ар, дауи, зэкIэрэхъуэкIыр дэ «дызэпха» Дыгъэр аракъым. Апхуэдэхэм щIэныгъэлIхэр зэреджэр экзопланетэщ («экзо» псалъэр пасэрей алыджыбзэм къыхэкIащ, къикIри «и щIыбкIэ щыIэ» мыхьэнэрщ). Тхыдэ мыжыжьэм дриплъэжмэ, экзопланетэ зэрыщыIэм астрофизикхэр япэу щыхьэт щытехъуар 1992 гъэрщ.
«ЭкзопланетэкIэ» узэджэ хъуну къалъыта, GJ 9827 d нагъыщыр зрата уафэщIыр, нэхум зэрызидз псынщIагъэкIэ къэдбжмэ, илъэс 98-кIэ тпэIэщIэщ. Абы и гущIыIум щыщыIэ хьэуам (атмосферэм) хэту щIэныгъэлIхэм къыщахута псыр, зэпыу имыIэу, бахъэ щытыкIэм итщ. КъинэмыщIауэ планетэм и хьэуам «молекулэ хьэлъэкIэ» зэджэхэри хэтщ.
GJ 9827 d-р ди ЩIым нэхърэ тIукIэ нэхъ инми, ар, астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, хьэуа зиIэу иджыри къыздэсым къахутахэм я нэхъ цIыкIу дыдэщ. Апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэр зэтпх хъуну къалъытэр, мызэкIэ ЩIы Хъурейм щызэхагъэува технологие нэхъ ехьэжьа дыдэхэмкIи планетэ нэхъ цIыкIухэу дыдейм нэхъ ирагъэщхьхэм щыщыIэнкIэ хъуну хьэуар «къызэрамылъагъуфырщ».
Езы щIэныгъэлIхэми зэрыжаIауэ, «Джеймс Уэбб» телескопым къаIэригъэхьам тращIыхьмэ, хьэуа зиIэу алъандэрэ гу зылъата уафэщI псоми ящыщу GJ 9827 d планетэр - япэщ зи атмосферэм, водород мыхъуу, бахъэ щытыкIэм итми, псы зыхэту къахутар.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, GJ 9827 d планетэр зэпха и вагъуэм зэрыпэгъунэгъуIуэм къыхэкIыу, и гущIыIум щыщыIэ хьэуари сытым дежи щыпщтырынущ, уеблэмэ къызэрымыкIуэу (градус 350-м щынэблагъэу). Ауэ щыхъукIи, абы и уафэм, зэщхьэщыдза-зэщхьэщыдзарэ дахэ цIыкIуу, пшэ гуэрэнхэри щыплъагъунукъым, псори щызэхэзэрыхьыжауэ фIэкIа. Дапхуэдэу мыхъуами, а уафэщIыр къызэрахутар, гъащIэ здэщыIэнкIэ хъунухэр къэгъуэтынымкIэ, астрофизикэм дежкIэ лъэбакъуэщIэщ.
Астрофизикхэм абы ипэкIэ Бдзэжьейхэм я вагъуэбэм къыщагъуэтат WASP-76b нагъыщэр зрата, гъуэзыпшэ Iувхэр зыщхьэщыт уафэщI абрагъуэ (и нэхур ди деж къыщысыр илъэс 640-рэ дэкIа иужькIэщ).
Планетэр ди Дыгъэм къедза Юпитерым нэхърэ зымащIэкIэ нэхъ псынщIэми, и зэпрыупIэр хуэдэ 1,8-кIэ нэхъ инщ. УафэщI жыжьэм и щхьэфэм хуабэр махуэ шэджагъуэм Цельсий и пщалъэмкIэ градус 2400-м щыноблагъэ, жэщыкум градус 1500-рэ щохъу.
УафэщI абрагъуэм и щхьэфэм жэщкIэрэ техэр дэ дызэсэжа псыIагъэм хуэдэкъым, атIэ, къыщызэщIэплъэкIэ бахъэ щыхъурэ щыупщIыIужкIэ ткIуаткIуэу щызэрыубыдыж гъущI ткIуэпсхэрщ.
Абы щыгъуэми къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIы планетэр зэкIэрэхъуэкI и дыгъэм сыт хуэдэ лъэхъэни зыбгъукIэ фIэкIа зэрыхуэмыгъэзар. НэгъуэщIу жытIэмэ, а планетэм и щIылъэныкъуэм щынэху зэпытщ, адрейм – дапщэщи щыкIыфI зэфэзэщщ.
ГъущIыр къыщызэщIэплъэу бахъэ щыхъужыр – я дыгъэр зэпымыууэ зытепсэрщ, ткIуэпс жьэражьэу къыщеткIухыжыр – кIэ зимыIэ жэщыр здэщыIэрщ. ЛъэныкъуитIым апхуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэ щIаIэр жьышхуэхэр, увыIэгъуэ ямыIэу, а планетэм къызэрыщепщэрщ, ауэ щыхъукIи бахъэ теплъэ зыгъуэта «гъущIыпшэхэр», я пIэ изэгъэнкIэ Iэмал ямыIэу, и уэгум зэрыщызэрызехьэрщ. И щIыгум къыщешх «уэшхыр» зэрыгужьеигъуэ дыдэм, къыщекIуэкIхэр зэрышынэгъуащэм къыхэкIыу, астрофизикхэм планетэ абрагъуэр «жыхьэнмэм» ирагъэщхьащ.
УафэщI жыжьэм и щхьэфэм «дунейм и щытыкIэм» телъыджащэу зэрызыщихъуэжым астрофизикхэм гу лъезыгъэтар абы къыпкърыпсыкI нурым зэрызиубгъу и спектрым дисперсие лъагэ зиIэ и Iыхьэм далъэгъуа нэщэнэхэрщ.
ЩIэныгъэлIхэр темыпыIэжу поплъэ, технологие зызыужьахэр я тегъэщIапIэу зэпкъралъхьа «Уэбб Джеймс» телескопыщIэр, «Хаббл» зыхужаIэм нэхърэ нэхъ лъэщыжыр, ЩIым и хъуреягъыр къэзылъэтыхь обсерваторием зэпыу имыIэу щагъэлажьэ хъуну пIалъэм. Астрофизикхэм къызэралъытэмкIэ, а IэмэпсымэщIэр IэмалыфIщ «экзопланетэ» зыфIаща уафэщI жыжьэхэр уэрдыхъум хуэдэу къэзыухъуреихь я хьэуахэм (атмосферэхэм) я лъащIэм щIэплъэнымкIи къыщекIуэкIхэр нэхъ IупщIу зэхэгъэкIынымкIи.