ЩIыналъэ ахъшэр зэрытрагуашэм теухуауэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы Iуэхугъуэ 13-м щыхэплъащ, республикэм и бюд­жетыр 2025, 2026 - 2027 гъэхэм зыхуэдэнур къы­щыгъэлъэгъуа дэфтэрри яхэту. 

Законопроектым теухуауэ къэпсэлъащ ­КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ. Абы зэрыжиIамкIэ, республикэм и бюджетыр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэр 2025 - 2027 гъэхэм зыхуэдэну хуагъэфащэмрэ Урысей Фе­дерацэм налогхэмрэ бюджетымрэ теухуа хабзэ­хэм къыщыгъэлъэгъуахэмрэ къэлъытауэ зэха­гъэуващ. Министрым къыхигъэщащ законопроектым и етIуанэ еджэгъуэм ирихьэлIэу, къэрал ахъшэу республикэм къыIэрыхьэнур ягъэбелджылауэ зэрыщытынур. Абы къыхэкIыу, иджыпсту зэрыхуагъэфащэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и бюджетыр 2025 гъэм сом мелард 61,7-рэ хъунущ, къигъэсэбэпыну зыхуеинур - сом мелард 64,5-рэ.
- Налогхэмрэ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ етIанэгъэ сом мелард 21-рэ хъуну худогъэфащэ, 2026 гъэм - сом мелард 21,9-рэ, 2027 гъэм - сом мелард 22,7-рэ. Зымыгъэзэж хэхъуэу республикэм иIэнухэр: 2025 гъэм - сом мелард 24,6-рэ, 2026 гъэм - сом мелард 21,8-рэ, 2027 гъэм - сом мелард 19,3-рэ, - жиIащ Лисун Еленэ. - Субсидие ахъшэу сом меларди 3,8-рэ хуэдунэтIынущ мэкъумэш IэнатIэм, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, къуажэ­- хэм, псыщIэгъэлъадэм зегъэужьыным. 2025 гъэм социальнэ ахъшэр етыным сом меларди 10,2-рэ хухыдох. Школ егъэджэныгъэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ я субвенцэр къэлъытауэ, улахуэр тыным текIуэдэнущ сом мелард 22,1-рэ. Сабий ипIыну къэзыщтам мазэм зэрыдэIэпыкъу ахъшэр къэ­кIуэну илъэсым сом мин 20-рэ 682-рэ тщIынущ. ­Зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыт сабийхэмрэ къэзыщтэ унагъуэхэм мазэ къэс зэрызы­щIагъакъуэр сом мин 18-рэ 405-рэ мэхъу.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налог­хэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и уна­-фэщI АфэщIагъуэ Михаил жиIащ законопроек­-тым щелэжьым, комитетхэм зэхъуэкIыныгъэ 46-рэ къызэрыхалъхьар. Абы щыщу 21-р къащтэну къагъэлъэгъуащ, 9-м иджыри хэплъэнущ етIуанэ еджэгъуэм ирихьэлIэу. Адрейхэм арэзы техъуа­къым. АфэщIагъуэм жиIащ ахъшэм къыщIэкIым зэрыхэщIыр къэлъытауэ, зэрызыщIагъакъуэ ахъ­шэхэр зэрытрагуэшар.

- Дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуащ щIыналъэм нэхъ мащIэ дыдэу къыщахь лэжьапщIэр нэхъыбэ зэращIынури, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм, узыншагъэр хъумэнымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ щхьэхуэхэм я улахуэр зэрыхагъэхъуэнури. КъищынэмыщIауэ, ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм иджыри ящыщщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызащIэдгъэкъуэнур. ЩIыналъэм езым и хэхъуэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ нэхъыбэ зэрыхъум дыщегъэгугъ адэкIи апхуэдэу декIуэкIыну, - жиIащ афэщIагъуэм.

Законопроектыр даIыгъыу къэпсэлъащ «КПРФ» фракцэм и унафэщI Пащты Борис, «Захуагъэр здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъ­хьэу» фракцэм и унафэщI Кебеков Владимир, «ЛДПР»-м и унафэщI Безгодькэ Владимир, «Зелёные» фракцэм хэт Алтуев ­Аслъэн сымэ. Депутатхэм зэдэарэзыуэ Iэ яIэтащ дэфтэрым и япэ еджэгъуэм папщIэ.
КъБР-м финансхэмкIэ и министрыр адэкIэ тепсэлъыхьащ «Транспорт налогым ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 6, 7-нэхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм. Абы къыщыгъэлъэгъуащ ­Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абы хэкIуэдахэм я уна­гъуэхэм щыщхэмрэ транспорт налогыр зэрыщхьэщахыр. 
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис тепсэлъыхьащ «Налогыр нэхъ тыншу къызэрыхах Iэмал» жыпхъэ хэхар Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыгъэсэбэпыным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым. Ар хьэрычэт Iуэхур ядэIыгъыным хуэгъэза лэжьыгъэхэм ящыщщ. 
Министрым утыку кърихьащ «ЦIыхухэр ягъэджэгуу ахъшэ къэзылэжь IуэхущIапIэхэм я налогым и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 2-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» законопроектри. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, букмекер IэнатIэм джэгум трагъэувар къэзыпщытэ и зы IуэхущIапIэм 2025 гъэм къыщыщIэдзауэ тралъхьэ налогыр сом мелуани 10-м нэс хагъэ­хъуэнущ.
Рахаевым ещанэу зи гугъу ищIа дэфтэрри теухуат налог зыт цIыху щхьэхуэхэм - хьэрычэтыщIэхэм - я налогыр гъэбелджы­лы­ным. Абы ипкъ иткIэ, «пIалъэкIэ налог ямытыныр» щIыналъэм къы­щагъэсэбэпыфынущ 2027 гъэм щIышылэм и 1 пщIондэ. Къэп­сэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, 2023 гъэм и кIэм зи гугъу ящIхэм я хэхъуэхэр сом мелуани 104-м щIигъуауэ щытащ.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэс шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным теухуауэ», «ЩIыуэпс, техногеннэ къэхъукъащIэхэм жылагъуэр щыхъумэным и IуэхукIэ», ­«КъБР-м и сату щIапIэхэм я IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 10-нэ, 20-хэм, «КъБР-м хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр щыхъумэ­нымкIэ и уполномоченнэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ ­25-м, «КъБР-м и туризмэм ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ республикэ законхэм я ­проектхэр.
ЗэIущIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советыр зэрылажьэ щIыкIэм.
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ къызэщIикъуэжащ 2024 гъэм и мазибгъум щIыналъэ бюджетыр зэрагъэзэщIар. «Республикэм и хэхъуэр сом мелард 45,7-рэ мэхъу, къигъэсэбэпар - сом мелард 43,5-рэ. Абы щыщу цIыхухэм дазэрыдэIэпыкъумрэ къалэн нэхъыщхьэхэмрэ текIуэдащ сом мелард 29,4-рэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу, къэрал щIыхуэр сом меларди 7,7-м зэрынэсыр», - жиIащ Лисун Еленэ.
КъБР-м и Парламентым Хабзэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис тепсэлъыхьащ «Полицэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 12-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» федеральнэ законым и проектыр УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм жэрдэму къыщыхегъэлъхьэным. Ар даIыгъащ депутатхэм.
ЗэIущIэм зэдэарэзыуэ Iэ щаIэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Иркутск щIыналъэм и Хабзэубзыху Зэхуэсымрэ зэрызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм Iэ зэрыщIадзынум теухуауэ.
«ЩIыналъэхэр дызэрызэдэлэжьэн, дыщIызэчэнджэщын Iуэху­хэр щыIэщ», - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: