Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ

Налшык къалэм щэкIуэгъуэм и 28-м щыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 2 пщIондэ щагъэлъэгъуащ Ипщэ дзэ округым и зауэлIхэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм бийм къытраха танкхэр, Iэщэхэр, нэгъуэщI куэди. БгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ Ипщэ дзэ округымрэ КъБР-м и Правительствэмрэ. 
Мы махуэхэм Абхъазым и утыкур цIыху кIуапIэ хъуат. Абы зрагъэхьэлIащ я ныбжькIи, IэщIагъэкIи зэщхьэщыкI къалэдэс, щIыналъэм и хьэщIэ цIыху мин бжыгъэхэм. Iуэхум хэтащ УФ-м и ЛIыхъужь Зубахин Ивани. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 30-м утыкум зыщиплъыхьащ икIи абы къекIуэлIахэм захуигъэзащ.
- Гуапэщ мы гъэлъэгъуэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIыр! ТекIуэныгъэм хуэкIуэ ди зауэлIхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, жэщ-махуэ ямыIэу абыхэм къызэранэкI гугъуехьхэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэщ мыхэр. Къазэуа дзэ автомашинэхэмрэ Iэщэхэмрэ иджыри зэ щыхьэт тохъуэ Урысейм и дзэр зэрыкъарууфIэмрэ бийр къызэрытпэмылъэщынумрэ! – жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм. 
Хэку лъагъуныгъэм, щIэблэр абы къыщхьэщыжын зэрыхуейм и щыхьэту къалъытащ выставкэр. «Хэкум и хъумакIуэхэм я зэфIэкIым дрогушхуэ» фIэщIыгъэр республикэм щыпсэухэм гъэлъэгъуэныгъэм фIащащ. Дзэ автомашинэ къэс дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэ щIалэ бгъэдэтщ. Дзэ Iуэху хэхам къыхэкIри къалэ утыкухэм зауэлIхэр къэкIуащ, бийр зэрызэгъэпэща техникэхэмрэ Iэщэхэмрэ Урысейм и щIыналъэхэм щагъэлъэгъуэн, абыхэм теухуахэм хагъэгъуэзэн папщIэ. КъыжыIапхъэщ, дэтхэнэ зы автомашинэми и хъыбар зэриIэжыр. 
Налшык щагъэлъагъуэ ди бийхэр - ВСУ-мрэ НАТО-м хыхьэ къэралхэмрэ - зэуапIэ губгъуэм къызэрыщытпэщIэта техникэхэмрэ Iэщэхэу къытрахахэмрэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, автомашинэ 17 мэхъу: М2 «Брэдли» (Америкэм и Штат Зэгуэтхэм), «Мардер» (Германие), CV90 (Швецие), БМП-1У (Украинэ), бронетранспортёр М113А4, Cougar MRAP (Америкэм и Штат Зэгуэтхэм), М113G3DK (Дание), FV 103 Spartan (Великобритание), бронеавтомобилхэу Roshel (Канадэ), «Варта», «Козак-2М1», БТР-3Е1 и БТР-4Е (Украинэ), гъуэгуанэ кIыхь къызэпычыным хуэщIа автомобиль HMMWV «Хамви» (Америкэм и Штат Зэгуэтхэм), украин танк Т-64БВ «Булат», нэгъуэщI дзэ маркэхэр. ПлIанэпэ щхьэхуэхэр хухахащ Iэщэ лIэужьыгъуэхэм (гранатомётхэм, дронхэм, къэзылъэтыхь нэгъуэщI Iэмэпсымэхэм). 
 КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артур жиIащ гъэлъэгъуэныгъэр яфIэщIэщыгъуэу цIыхушхуэ къызэрекIуэлIар. Абы щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэ зыри, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр, къыхуриджащ утым зыщаплъыхьыну.
Гъэлъэгъуэныгъэм куэду къекIуэлIащ дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIа щIалэхэр. Ахэр курыт еджапIэхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ яхутопсэлъыхь ягъэлъагъуэ дзэ техникэр бийм къызэрытраха щIыкIэм. УримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъагъуэу зэуапIэм Iут ди зауэлIхэм я зэфIэкIым. Мы Iуэхум хыхьэу мобильнэ пункти къызэIуахащ, дзэ Iуэху хэхам зэгурыIуэныгъэкIэ кIуэнухэм папщIэ. Ипщэ дзэ округым и лIыкIуэхэм абдеж дыдэм щIалэгъуалэр щыхагъэгъуазэ къулыкъу зэращIэну щIыкIэм. 
- Мыпхуэдиз цIыху гъэлъэгъуэныгъэм къызэрекIуэлIар гуапэщ. ТекIуэныгъэр къахьын папщIэ ди зауэлIхэм къызэранэкI гугъуехьхэр зыхащIэн хуейщ цIыхубэм, - жиIащ лейтенант нэхъыжь, взводым и унафэщI Трифанов Антон. - Шэч къытетхьэркъым ТекIуэныгъэр къызэрытхьынуми!
Выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ КъБР-м и Музыкэ театрым и артистхэмрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щеджэхэмрэ. Хэку лъагъуныгъэкIэ гъэнщIа цIыхубэ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ абыхэм гукъинэжу ягъэзэщIащ.
 Фигу къэдгъэкIыжынщи, колоннэр Элиста къикIри, Налшык къэкIуащ. АдэкIэ абы къыпоплъэ Черкесск къалэр. Iуэхур и щыхьэтщ тхыдэр, нэхъыжьыфIхэм зэрахьа лIыгъэр, ноби ди щIыналъэр тхуэзыхъумэхэр щIалэгъуалэм зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунум.
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: