Псы фIей хъумапIэхэм я Iэужьыр

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. Апхуэдэ зэхуэхьэсыпIэхэр километр зыбжанэкIэ фабрикэм пэжыжьэу щаухуэ. ЗэманкIэ щыта псыр фIейр тIууэ зэщхьэщокI, ятIэр щIотIысыкIри. ИужькIэ абы псыр къыщхьэщахыжри, иджыри къагъэсэбэп, нэгъуэщI пкъыгъуэ гуэрхэр къыхахыж е ягъэкъабзэри псы ежэххэм хаутIыпщхьэж. Псы фIейр нэхъ псынщIэу ягъэжэбзэн папщIэ коагулянтхэмрэ флокулянтхэмрэ къыщагъэсэбэп щыIэщ. 

Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми хуэдэу, псы фIей хъумапIэхэр, егупсысауэ убгъэдыхьэмэ, кIэрыхубжьэрыху къэмынэу къэбгъэсэбэпыфынущ. Зэманыр кIуэху, технологиехэм заужьыху, промышленностым сэбэп щыхъуну IэмалыщIэхэр къегупсыс цIыхум: псы фIейм уелэжьыжыным фейдэ щыпылъ, абы пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхахыж къохъу. 
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псы фIей хъумапIэхэм зэранышхуэ щыпылъи щыIэщ. Псы фIейм зэрелъэжьыжым и пIалъэр ямыщIэу зэгуэр яухуауэ щыта хъумапIэ игъущыкIыжахэм уэшхыпс, уэсыпс илъадэмэ, щхъухьыр зэрыщыту къеIэтыж. Абы и зэран, зэрымыщIэкIэ, цIыхумрэ унагъуэ псэущхьэхэмрэ зэрекIынури пщIэнукъым. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Закаменск къалэм дэт псы фIей хъумапIэхэр, зэгуэр Тырныауз щылэжьа вольфрам-молибден комбинатым и кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр. 
Ди щIыналъэм и псы фIей хъумапIэр Бахъсэныпсымрэ Гижгитымрэ я Iуфэм деж щытщ икIи ар здэщыIэ щIыпIэр сейсмологхэм шынагъуэу къалъытэ: щIыуэпс насыпыншагъэ гуэр къызэрыхъуу, щIы километр зэбгъузэнатIэ 35-м абы и зэран екIынущ, цIыху мелуани 2,5-м ар яжьэхэуэнущ. Ди щIыналъэм и закъуэ мыхъуу, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ зыбжанэ къызэщIищтэнущ а Iуэхугъуэм. Комбинатыр лэжьэху кIэрыхубэжьэрыху тонн мелуан 25-рэ зэхуихьэсам цIыхум, щIыуэпсым зэран хуэхъункIэ хъуну пкъыгъуэ 30 хэлъщ. 
2022 гъэм Ныуэжьыдзэ бгыр си нэкIэ зэзгъэлъагъуну сежьауэ сыблэкIащ зи гугъу сщIы Гижгит гуэлым. ГъэщIэгъуэнракъэ, апхуэдиз псалъэмакъ зращIэкIа псы инам щхъухь гуащIэхэр зэрыхэлъым и хъыбар ямыщIэрэт е къафIэмыIуэхурэт, УрысеймкIэ къикIа зыплъыхьакIуэхэм шэтырхэр ирагъэувэкIауэ псы Iуфэм Iуст. Iэхэлъахэм Iэщхэр щагъэхъурт, япэми хуэдэу, къуэм ехыурэ Гижгит хэфырт, псыр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэ гуэри щIыпIэм иту гу лъыстакъым. 
Мы Iуэхум унафэ имыгъуэтмэ, кърикIуэнкIэ хъунум и щапхъэщ 2014 гъэм шыщхьэуIум и 4-м Канадэм къыщыхъуа насыпыншагъэр. Дыщэрэ жэзрэ къыщыщIах Маунт Поли щIыпIэм и псы фIей хъумапIэм и IущIэр къыIуиудщ, псы кубическэ метр зэбгъузэнатIэ мелуан 17-рэ абы щIэтIысыкIауэ хэлъ кIэрыхубжьэрыху тонн мелуани 8-рэ бгым кърилъэсэхри, Iэгъуэблагъэм ит гуэлитIым хэлъэдат. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар Канадэм и щIыуэпсым зэран хуэхъуащ, абы и закъуэ мыхъуу, Маунт Поли щIыпIэм и экономикэм егуэуащ. Щыуагъэр дерс зыхуэхъу щыIэщ. Дыгугъэнщ ди щIыналъэр апхуэдэ гузэвэгъуэм щызыхъумэн лэжьыгъэр ямыгъэгувэну. 
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: