ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэФэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ. Иджыблагъэ ар щыжаIащ Санкт-Петербург щекIуэкIа, ПсэупIэ фондыр зехьэнымрэ къызыхуэтыншэу ар зэгъэпэщыжынымрэ хуэунэтIа урысейпсо зэхуэсым. КъБР-м и ПсэупIэ-коммунальнэ фондым и унафэщI Кулиев Мустафир зэIущIэм хэтахэм ядэгуэшащ и лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэмкIэ икIи къыхигъэщащ Iуэхур ипэкIэ кIуэтэн 2021 гъэм зэрыщIидзар. Абы ипэкIэ цIыхухэм хуащIэ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм къапэкIуэ ахъшэр зэрымащIэм къыхэкIыу лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIыфу щытакъым: зы илъэсым къриубыдэу фэтэр куэду зэхэт унэ зыбжанэ зыхуей хуагъэзэфу арат. АтIэми, зэрагъэпэщыжын хуей унэхэм я бжыгъэр гъэ къэс нэхъыбэ хъууэрэ кIуэрт.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




