Хэку зауэшхуэмрэ тхыдэмрэКъБР-м и Парламентым «Хэку зауэшхуэм и тхыдэ» зыфIаща Дунейпсо Iуэхугъуэр иджыблагъэ щекIуэкIащ. Урысейм и ЩIалэгъуалэ парламентхэмрэ Урысейм и дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу къыхалъхьа Iуэхугъуэр Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщат, Хэку зауэшхуэм ди нэхъыжьхэм къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 80 зэрырикъуми ирагъэхьэлIат. Тест лэжьыгъэу гъэпса Iуэхугъуэр хуэунэтIауэ щытащ лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэкIэ гъэнщIа Хэку зауэшхуэм и илъэсхэр къэралми лъэпкъхэми я тхыдэм щиубыд увыпIэр нэхъри къыхэгъэщыным, а лъэхъэнэ бзаджэм и фэеплъыр щIэблэм IэщIэмыгъэхуным, псэкупсэ-хэкупсэу щIалэгъуалэр гъэсэным, тхыдэ щIэныгъэ яIэу еджакIуэхэр къэгъэтэджыным, анэдэлъхубзэр ягъэбзэрабзэу егъэсэным. Iуэхугъуэр КъБР-м и Парламентым зэрыщекIуэкIым абы къэралым ирит мыхьэнэр зэрыиныр къигъэлъэгъуащ. Iуэхугъуэ дахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ куэдым щекIуэкIащ, ауэ Хабзэубзыху IуэхущIапIэм и пэшышхуэр псом нэхърэ нэхъыщхьэт. Ар къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым деж щылажьэ ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI АфэщIагъуэ Анзор. Абы щхьэхуэу къыхигъэщащ Iуэхур Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу зэрекIуэкIыр. «Урысейм и ЩIалэгъуалэ парламентхэм къыхалъхьа жэрдэмыр илъэс зыбжанэ хъуауэ ди хэгъэгум щокIуэкI. Тест гъэпсыкIэ иIэу зэгъэкIуа лэжьыгъэр ди ныбжьыщIэхэм Хэку зауэшхуэм и тхыдэр зэращIэр зыхуэдизыр къапщытэжыну, икIи ар щIэныгъэ къигъэхъуапIи яхуэхъуну дыщогугъ. Илъэс къэси хуэдэу, Хэку зауэшхуэм ехьэлIа жэрдэм зыбжанэ ди щIыналъэм къэрал IуэхущIапIэхэми жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми къыщыхалъхьэри щрагъэкIуэкI. Ар щIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тегъэувэнымкIэ, я зэхэщIыкIыр къэIэтынымкIэ, я лъэпкъ щIэжыр хъумэнымкIэ жэрдэм щIагъуэу зэрыщытым зы шэч хэлъкъым. Мыри абыхэм яхуэдэщ, ауэ щIэныгъэ лъабжьэ зэриIэм щIэщыгъуагъ къыхелъхьэ. Мы гъэм едгъэкIуэкIа тест лэжьыгъэр IыхьитIу зэхэлъащ: къызэрыкIуэрэ гъэгугъуауэ. КъызэрыкIуэ Iыхьэр псоми зэдащIэ Iуэхугъуэхэм тещIыхьат: Хэку зауэшхуэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэм, абы щекIуэкIа къэхъугъэ нэхъыщхьэхэм, ЕтIуанэ фронтыр къыщIызэIуахам, зауэр зэриуха щIыкIэм. Гъэгугъа Iыхьэр ехьэлIат Сталинград, Курск, Ростов, Кавказым хуэдэ щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм я къызэгъэпэщыкIа хъуам, абдеж щызэхэта зэхэуэхэм цIыху бжыгъэу хэтам, абыхэм я дзэпшу щытам, нэгъуэщIхэми. Псори зэгъусэу тестым упщIэ 40 хуэдиз къызэщIиубыдащ. Мыгъэрей Iуэхур ТекIуэныгъэр илъэс 80 зэрырикъум ирихьэлIати, «ТекIуэныгъэр къыщахьа 1945 гъэ» фIэщыгъэм щIэту едгъэкIуэкIащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт КъБР-м и Хабзэубзыху IуэхущIапIэм щызэхэта Iуэхур ТекIуэныгъэм пыщIауэ щIыналъэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм я ублапIэу зэрыщытыр», – жиIащ АфIэщIагъуэ Анзор. Iуэхугъуэ дахэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Емуз Нинэ, КъБР-м и щэнхабзэмкIэ и министр, Урысейм и дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщI Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и Парламентым лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIэгъу, лэжьыгъэмрэ социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир сымэ. Iуэху екIуэкIым теухуауэ къулыкъущIэхэм къыхагъэщащ цIыхум щыгъупщэ мыхъун зэрыщыIэр, ар нэхъ лъапIэ дыдэу абы къыдалъху бзэмрэ щIэжымрэ зэрепхар. «Нобэрей дунейм щыдубыд увыпIэр зыхуэдэр къыдгурыIуэнымкIэ тхыдэм и дерсхэр къызэрыдгурыIуэм куэд елъытащ. Пщэдейрей лъэхъэнэхэм дэ тхуэхьынущ дыкъызытекIахэм яхудиIэ пщIэмрэ абыкIэ щIэблэр бгъасэ хъуну зэдгъэпэща фIэщхъуныгъэмрэ. Щыуагъэ зыIэщIэкIыр тхыдэм хуоплъэкIри, къэкIуэну махуэхэм ар къызэрымыхъужыным толажьэ. Дэри аращ дызыхущIэкъун хуейр. Ар фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхущ. Зи тхыдэр зымыщIэж лъэпкъыр жьуджалэм хуэдэщ, ауэ сытми жьым кърихьэкIыу аращ – дэнэкIэ къыщепщэми, абыкIэ ирехьэкI. Тхыдэр зыщIэм, абы къыщекIуэкIахэм щыгъуазэм къэкIуэну лъэхъэнэхэм щыуагъэ къыщигъэхъункIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэ щIэныгъэ зиIэр дунейм мамырыгъэр щихъумэнущ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэми хуэсакъынущ», – жиIащ Безгодькэ Владимир. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, тхыдэ унэтIыныгъэ зиIэ тест лэжьыгъэм хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкурысхэмрэ зэзыпх лъэмыжи хъун хуейщ: зы тхыдэ къэхъугъэм бгъэдыхьэкIитI щигъуэтым деж, гупсысэкIэри зэщхьэщеш. Пэжщ, Iуэху еплъыкIэхэр зэтемыхуэнкIи хъунущ, абы мыхъун зыри хэлъкъым, ауэ езы тхыдэ къэхъукъащIэр зэрыщыIамрэ абы екIуэкIыкIэм нэхъыщхьэу хэлъамрэ зэтемыхуэ къыхэкIын хуейкъым. Арыххэуи, тхыдэ щIэныгъэм хэмылъ хэлъхьэным ухуэзыгъэсакъ къалэнри хэлъщ жэрдэмым. Апхуэдэ гупсысэм къекIуэлIат ЩIалэгъуалэ палатэм щыщу тест лэжьыгъэр зытхахэр. Я зэхэщIыкIым зэрыхигъэхъуам и гугъу ящIащ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэсэнхэми. Iуэхугъуэхэм хэтахэм псоми фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ иратащ, лэжьыгъэм жану зыкъыщызыгъэлъэгъуахэм щыхьэт тхылъхэр IэщIалъхьащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, тест лэжьыгъэр илъэс къэс дяпэкIэ зэхашэнущ, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм траухуэнущ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




