Iуащхьэмахуэрэ Махуэгъэпсрэ я зэхуакумХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм игъэлажьэ «Къэухь» литературэ клубым иджыблагъэ зэхуэс щIагъуэ иригъэкIуэкIащ. Ар теухуат усакIуэ, тхакIуэ, «Горянка» газетым и унафэщI Къаныкъуэ Заринэ и къалэмыпэм къыщIэкIа, «Iуащхьэмахуэ-Махуэгъэпс» фIэщыгъэр зыхуищIа романым. Романыр къызэрыдэкIрэ лъэпкъ литературэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм кIэлъыплъ псоми гъэщIэгъуэн къащыхъуауэ псалъэмакъ гъэщIэгъуэнхэр тращIыкI. Къэбэрдей литературэм иджыри къэс хэмыта мэгъу реализм жанрым итщ тхыгъэр, сюжетыр хуабжьу зызыубгъуащ, персонажхэр зэмыщхь куэд мэхъу, къэхъукъащIэу тхылъеджэхэр зыхэхуэр мащIэкъым. ДызыхэпсэукI гъащIэр реализмэм и хабзэхэм тету къигъэлъэгъуами, мэгъугъэр куэду къыхэухуэнащ. ИкIэм-икIэжым, тхылъым къыджиIэр зыщ: зыкIэлъыплъыж, махуэ къэс нэхъыфI узэрыхъуным хущIэкъу, нэхугъэращ гъащIэр тынш зыщIыфынур, щIэныгъэм хуеIэ, зыузэщI, зыIэт. «Къэухь» клубыр зыгъэлажьэ ХьэцIыкIу Рае зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ романыщIэр дунейм къызэрытехьэнум и хъыбарыр куэд лъандэрэ зэхэзыха егъэджакIуэхэр абы зэхуэс иращIэкIыу трагъэпсэлъыхьыну, езы тхакIуэри кърагъэблэгъэну къыщIэлъэIуу зэрекIуэкIар. - ЛъэныкъуитIми ди гуращэхэр зэтехуэрти, Iуэхур къыдэхъулIащ, дызэхэплъэну, тхыгъэщIэм дытепсэлъыхьыну дызэхуэсащ. Загъуэрэ жаIэу зэхыдох лъэпкъ литературэр зэрыужьыхым, тхэр мащIэ зэрыхъуам, узэджэ хъун тхыгъэ зэрыщымыIэм и гугъур. Абы пэж хэлъми, гукIуэдыгъуэу зэрыщымытыр Къаныкъуэ Заринэ и зы щапхъэм къегъэлъагъуэ. УсакIуэу къэтцIыхуа Заринэ и къалэмыр иджы драматургиеми прозэми щегъэлъащэ. Хъарзынэуи къохъулIэ. ТхакIуэр зэпымычу зэрылъыхъуэр, щIэ гуэрхэр къиулъэпхъэщыну зэрыхэтыр лъэпкъ литературэм дежкIэ щIэщыгъуэу щыт псалъэ зэгъэпэщыкIэ къызэрыхилъхьам къегъэлъагъуэ. Романым деджэху, ди гъащIэм хэта Iуэхугъуэ куэдым дыщрохьэлIэ, фIэщхъуныгъэмрэ цIыху зэхущытыкIэхэмрэ епхауэ. Ауэ ахэр апхуэдизкIэ телъыджэу зэхэухуэнауэ, и зэтепщIыкIыкIэр апхуэдизкIэ щхъуэкIэплъыкIэу зэхэлъхьауэ щытщи, романым уздишэм зыуегъашэ, укъэувыIэнуи ухуейкъым. ТхыгъэщIэр тхылъымпIэм и мызакъуэу, макъми игъэзэгъауэ цIыхухэм яIэрыхьащ. Абы Iэмал къритащ тхакIуэм и псалъэр хэкурысхэм къищынэмыщIауэ, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми я деж нихьэсын. Арыххэуи, жыпIэ хъунущ жанрым къыщымыувыIэу, литературэм и щыIэкIэми гъуэгущIэ хиша хъуауэ, – жиIащ ХьэцIыкIу Рае. АдэкIэ абы псалъэ иритащ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат. Табыщым и къэпсэлъэныгъэм къыхэщащ ар тхылъеджэ набдзэгубдзаплъэу, тхакIуэр зыхущIэкъуар зэхигъэкIыфу, лъэпкъ зэмыщхьхэм я литературэр зэригъапщэрэ, зытепсэлъыхь тхылъым иубыд увыпIэр игъэбелджылыфу зэрыщытыр. Мурат и гугъу ищIащ романыр гъэщIэгъуэн зыщIу хэлъым, адрей диIэ романхэм къащхьэщызыгъэкIым, нобэрей тхылъеджэм ар къыщIищтэнум. - Зы дуней цIыкIу дыкъыщоунэху, Iуащхьэмахуэрэ МахуэгъэпскIэ зэджэ щIыпIитIым я зэхуакум иту. «Сыту цIыкIущэ-тIэ а дунейр», – жызыIэн щыIэщ. Ауэ лъэпкъ гупсысэкIэр щызэпцI, дунейм къыщекIуэкI къэхъукъащIэ псоми я щапхъэхэр щызэутэкI хэгъэгу мащIэщ Iуащхьэмахуэрэ Махуэгъэпсрэ я зэхуакур. Мыбдеж адыгэ гупсысэм зыщиужьауэ, лъэпкъ дуней тетыкIэм и пкъыгъуэ куэд щызэпэщауэ жыпIэми, пцIы хъунукъым. А щIыпIитIыр лъэпкъ мифологиемкIи, хабзэ-зэхэтыкIэхэмкIи дамыгъэ щхьэхуэщ. Мыбдеж адыгэ эпос зыбжанэм ущыхуозэ, тхыдэ къэхъукъащIэ Iэджи щызэтрехьэ, цIыху зэмыщхь куэдыщи лIэужькIэрэ щызэблокI. А псом я хуэмэбжьымэ ятримыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым нобэ а щIыпIэхэм щыпсэу цIыхухэми. Романыр зэ еджэгъуэкIэ къыпхуэщтэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы къигъэщIэрэщIэж Iуэхухэр тхыдэми, литературэми, бзэми, мифологиеми епхащи, абыхэмкIэ цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэр зэ «къигъэпсэужын» хуейщ, апхуэдэ щымыIэмэ, къилъыхъуэну щытыкIэ йохуэ. Сюжетыбэ щызэблокIри, ар зэхэзыгъэзэгъэфынур щIэныгъэращ. ЕтIуанэу ущIэджыкIыжа нэужьщ тхыгъэр щызыхэпщIэр, абы къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр нэхъ бгъэщIагъуэу ущыхуежьэр. КъызэрыкIуэ дыдэ хуэдэт мэз лъапэм деж блэкI къуэм ущыдыхьэкIэ, гугъуехь мащIэ тIэкIу хэлъу укIуэцIрыкIыу тафэм укъытехьэжыныр. ГъэщIэгъуэн хуэдэтэкъым абдеж «тхьэрыкъуэф Iэнэм» бгъэдэс цIыхухэм уащыхуэзэныр. Хьэлэмэтми, хэлъ щыIэтэкъым абыхэм уабгъэдыхьэу тIэкIу уадэуэршэныр. Ауэ а псор дуней тIуащIэу зэтелъу къыщIокIыж. Уэршэрэгъу къыпхуэхъуахэм бжэн лъакъуэ къащIэувэрэ я дыхьэшх мыужьыхыжым жин джэгухэр уигу къигъэкIыжу апхуэдэщ. Зуплъыхьарэ алъандэрэ дуней дахэу узыIуплъа мэзыр укъызыхэмыкIыжыф лъахъэ мэхъу, уиубыдарэ псэ гузэвэгъуэм ухидзэу. УкъыхэкIыжрэ «уэху» жыпIа къудейуэ укъызыщыужмэ, а псор пщIыхьэпIэу къыщIэкIыжу… ДунеитI, щыIэкIитI, щыIэныгъитI… Мыпхуэдэ защIэу зэхэухуэнащ романри, усакъын хуейщ дунеитIым я гъунапкъэр пIэщIэмыкIын щхьэкIэ, абы дызыхуишэмрэ дыкъызыхуриджэмрэ зыхэпщIэн щхьэкIэ. Къысщохъу романым еджахэм къарита гузэхэщIэр абы узыщрихьэлIэ персонажхэми епхауэ, ахэр ди пащхьэ тхакIуэм къызэрыригъэувэ бзэми елъытауэ. Тхыгъэ хьэлэмэтыр гъуэгу махуэ теувэну, гъащIэ кIыхь хъуну си гуапэщ, – жиIащ Табыщ Мурат. Тхылъаджэм хэтащ ди хэгъэгум курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджу 89-рэ. Ахэр тепсэлъыхьащ романыр къазэрыщыхъуам, персонажхэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэну къалъытами, тхылъым зыхуиша гупсысэхэм. Романым и зэхэлъыкIэмрэ гъэпсыкIэмкIэ еджэу хъуам еплъыкIэ-гурыIуэкIэ зэщхь яIэнкIэ хъунукъым. Абыи зэдауэ къыхэмыкIыу, щхьэж хилъэгъуамкIэ зэдэгуэшащ, упщIэ къыщыувми, жэуап яIащ, сыту жыпIэмэ, тхылъыр зи Iэпэ къыпыкIа, зи гупсысэ къыхэкIа Къаныкъуэ Заринэ зэхуэсым кърихьэлIат. Заринэ тепсэлъыхьащ романым илъэсищкIэ зэрелэжьам, Ар ЩоджэнцIыкIу Нинэ фэеплъ щIыхуищIам, тхылъымпIэм зэритым и мызакъуэу, аудиоверсие хуищIын хуей щIэхъуам, иджы ар урысыбзэкIэ щIызэрадзэкIым. ЖыпIэ хъунущ романыщIэм уэршэр купщIафIэ иращIэкIауэ, лъэныкъуэ куэдкIэ зэпкърахауэ, ауэ, егъэджакIуэхэми къызэрыхагъэщащи, «Iуащхьэмахуэ-Махуэгъэпсыр» уеджэху щIэ гуэр къызыхэпхынщ, зы Iуэхугъуэр зэ къызэрыпщыхъуам хуэмыдэу, етIуанэм нэгъуэщIу узэзыгъэплъыжынщ. Тхылъаджэр къыдэзыха Адыгэбзэ Хасэри егъэджакIуэхэри Къаныкъуэ Заринэ ехъуэхъуащ романыр щэм и лъабжьэ хъуну, езыр узыншэу адыгэ лъэпкъым куэдрэ хуэлэжьэну.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




