Нэхъыбэр нартыхурэ сэхуранрэщ2024 гъэм и мазипщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм къалэжьауэ нэгъуэщI щIыналъэхэм хурагъэшар нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ. Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу ди республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм дагъэ къызыщIаху къэкIыгъэхэм ящыщу тонн мин 1,5-рэ ящащ, нэгъабэ яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 102,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Абы щыщу тонн мини 6,4-р сэхуранщ, ари нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти I50-кIэ нэхъыбэщ. Хьэцэпэцэрэ джэш хъурейуэ нэгъуэщI щIыналъэхэм хурагъэшам процент 30,4-кIэ хэхъуащ икIи 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм тонн мини 160,1-рэ хъуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIар тонн мини 122,8-рэщ. Жылапхъэу ящам и нэхъыбэр нартыхущ, е тонн мин 80,7-рэ. Ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм и мазипщIым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




