ФIыщIэ тхылъхэр яритащ![]() Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Васильев Сергей журналистхэм пресс-конференц ядригъэкIуэкIащ, я упщIэхэм жэуап иритащ, 2024 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм щигъэгъуэзащ. Къызэрыхигъэщащи, жылагъуэ хабзэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ къапэщыт къалэнхэр Урысей гвардием и управленэм и IэнатIэхэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм ящIыгъуу нэсауэ ягъэзэщIащ. ЩIыналъэ управленэм и къудамэхэр хэтащ республикэм цIыху куэд щызэхуэс Iуэху 50-м щIигъум хабзэр къыщызэгъэпэщыным икIи ныкъусаныгъэ гуэри къагъэхъуакъым.
Поделиться:
Читать также:
18.01.2026 - 11:31 →
Кърымыр нэхъапэм
17.01.2026 - 11:00 →
IэмалыщIэхэм нэхъ трагъащIэ
17.01.2026 - 09:06 →
Нэхъыбэж къызэщIаубыдэ
16.01.2026 - 12:55 →
Сабийхэр ягъэгуфIэ
13.01.2026 - 17:30 →
Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ
| ||





