Хьэрычэт мыиным и зэфIэкIхэрУФ-м Къэрал статистикэмкIэ и управленэм и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и мазибгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт мыин IэнатIэм хэт и IуэхущапIэхэм я капитал нэхъыщхьэм ягъэкIуащ сом мелуан 905,1-рэ, ар процент 40-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ. Капитал нэхъыщхьэм хохьэ лэжьыгъэ IэнатIэхэр егъэфIэкIуэныр, абыхэм зегъэубгъуныр, щыIэ обрудованэхэмрэ техникэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыныр е щIэ къэщэхуныр, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр, н. къ. Iуэхугъуэхэри. Мыбдежым жыджэрагъ нэхъыбэ къагъэлъэгъуащ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, продукцэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэхэм, ухуэныгъэм хэтхэм. Хьэрычэт IэнатIэ мыиным щылажьэхэм капитал нэхъыщхьэм псори зэхэту ягъэкIуа ахъшэм и процент 80-р абыхэм къагъэсэбэпащ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




