КъалэныщIэхэр яубзыхуРеспубликэ МВД-м щекIуэкIащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм дэлажьэ Жылагъуэ советым 2024 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэ. Абы щгъэлъэпIащ сабий сурэтхэм я Урысейпсо зэпеуэм «Си адэ-анэр полицэм щолажьэ» фIэщыгъэр зиIэм, и щIыналъэ Iыхьэм къыщыхэжаныкIахэр. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеславрэ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ ныбжьыщIэхэм иратащ фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ. Министрым текIуэныгъэр зыIэрызыгъэхьахэм фIыщIэ яхуищIащ зэпеуэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ, илъэсыщIэ махуэшхуэхэр дахэу ягъэкIуэну, дяпэкIи творчествэми еджэныгъэми ехъулIэныгъэхэр щаIэну ехъуэхъуащ. - Си гуапэщ къыхэзгъэщыну фи Iэзагъэмрэ зэфIэкIымрэ мы зэпеуэм къызэрыщывгъэлъагъуэр. Си фIэщ мэхъу фэ нобэкIэ утыку къифхьэ зэчийм адэкIи зэрызевгъэужьынур, - къыхъигъэщащ министрым. Крючков Вячеслав адэ-анэхэм щхьэхуэу фIыщIэ яхуищIащ я сабийхэр гъэсэным хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ. Езы адэ-анэхэми министерствэм и унафэщIхэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ я сабийхэм я зэфIэкIыр ягъэлъэгъуэнымкIэ Iэмал къызэрыратым щхьэкIэ Крючков Вячеслав Жылагъуэ советым и зэIущIэм хэтащ икIи я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр къыщигъэлъэгъуащ. - 2025 гъэм къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ цIыхухэр хэкупсэу гъэсэныр, сабийхэр, хэхауэ щIалэгъуалэр Урысейм и тхыдэр джыным дегъэхьэхыныр икIи ди Хэкур зыхъумахэм зэрахьа лIыхъужьыгъэхэм я тхыдэ фэеплъыр хъумэныр. Си фIэщ мэхъу ди Жылагъуэ советыр а лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтынур, - къыхигъэщащ министрым. Ведомствэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м и унафэщI Хъарзынэ Зауррэ Нэфхэм я урысейпсо IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэт, Налшык къалэм дэт Сабий сад №49-м и унафэщI Кадыровэ Аминэрэ КъБР-м щыIэ МВД-м и Жылагъуэ советым зэрыхагъэхьам икIи абыхэм удостоверенэхэр яритащ. АдэкIэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан тепсэлъыхьащ 2024 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм. ЗэIущIэм и кIэухыу абы хэтахэр хэплъащ Жылагъуэ советым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




