Дызэкъуэту
Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм и курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ «ЛIыхъужьыгъэм и дерс» зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэу Къандэхъу Алимрэ Хьэмгъуокъу Муратрэ.
Къуажэ школым щылажьэ «Къэлъыхъуэныгъэ» гупым и унафэщI, тхыдэмкIэ егъэджакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Шыбзыхъуэ Хъамсинэ къызэригъэпэща дерсым хэтащ еджакIуэ цIыкIухэмрэ къуажэдэсхэмрэ. УФ-м и Къэрал Думэм Унагъуэр хъумэнымкIэ, адэ-анэм, сабийхэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI, «Урысейм и гугъапIэхэр» зэщIэхъееныгъэм и пашэ Останинэ Нинэ пщэрылъ къазэрыщищIам тету, зауэлI кърагъэблэгъахэм иратыжащ «Хэкур яхъумэу къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ» ЩIыхь тхылъхэр, ныпхэр, саугъэтхэр.
ИужькIэ хьэщIэхэр тепсэлъыхьащ къакIуа зауэ гъуэгуанэхэм щыщ Iыхьэхэм, къызэхуэсахэри яфIэгъэщIэгъуэну абыхэм едэIуащ.
Къандэхъу Алим Нарткъалэ дэт лицей №1-р къиуха нэужь 2015 гъэм лъэпкъ гвардием и зауэлIхэр щагъэхьэзыру Санкт-Петербург дэт дзэ институтым, Жуковым и орденыр зезыхьэм, щIэтIысхьащ икIи офицер хъуауэ ар къиухащ. Приволжскэ округым щыIэ лъэпкъ гвардием и дзэм иджыпсту къулыкъу щрехьэкI. Дзэ-къулыкъу къалэнхэр щигъэзащIэу Сирием щыIащ, СВО-м и япэ махуэм къыщыщIадзауэ бийм пэщIэуващ.
Адыгэ щIалэм къигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къапэкIуэу къэрал, ведомствэ дамыгъэхэр мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщщ мамыр псэукIэр зэтегъэувэжын къалэн зиIэ урысеидзэм хэту Сирием зэрыщыIам щхьэкIэ 2021 гъэм кърата, «Хабзэр гъэбыдэнымкIэ иIэ фIыщIэхэм папщIэ» медалыр, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыхуигъэфэща «Сирием щекIуэкIа дзэ операцэм хэта» медалыр, 2022 гъэм - «Зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэта» бгъэхэIу дымыгъэр. Хэкур ихъумэу зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2023 гъэм Къандэхъум къыхуагъэфэщащ Жуковым и орденыр. 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 14-м Алим къратащ «СВО-м хэта» фэеплъ медалыр.
Хьэмгъуокъу Мурат 1985 гъэм фокIадэм и 8-м къалъхуащ, Къэхъун и курыт еджапIэ №1-р къиухащ, иужькIэ дзэм къулыкъу щищIэну зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ. 2023 гъэм шыщхьэуIум и 18-м къыщыщIэдзауэ СВО-м щыIэщ икIи бий ерум пэщIэтщ. Къигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм папщIэ Мурати къэрал дамыгъэхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ къыхуагъэфэщащ.
ЗэIущIэм и кIэм зауэлIхэм еджакIуэ цIыкIухэм зыхуагъэзащ икIи ахэр къыхураджащ школым фIыуэ щеджэну, гъуэгу захуэ гъащIэм къыщыхахыну, къэралыр хъумэжын хуей къалэн къахудэкIми, Хэку зауэшхуэм, Афганистаным лIыгъэ щызезыхьа ди лъахэгъухэм, нобэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм хуэдэу, абы къуэувэну.