ХьэщIагъэкIэ псоми ятекIуэ Налшык![]() Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм къриубыдэу щIэпхъаджагъэу мин 1911,3-рэ къэралым щалэжьащ. Ар процент 1,8-кIэ нэхъ мащIэщ ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу щIэпхъаджагъэхэм щыкIэрыхуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 57-м, щIэпхъаджагъэ хьэлъэхэр – 40-м. ЩIэпхъаджагъэхэр нэхъ мащIэ щыхъуахэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр икIи еплIанэ увыпIэр къэралым щиIыгъщ. 2024 гъэм ди щIыналъэм цIыху мини 10 къэс хуэзэу хабзэм ебэкъуар 76-рщ. Ар процент 0,3-кIэ нэхъ мащIэщ 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. ЩIэпхъаджагъэу ялэжьар щыкIэрыхуахэм апхуэдэуи ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ Шэшэн, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэри. Мыдрейуэ, Iуэхум къыдэкIуэу, УФ-м УхуэныгъэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къэралым и къалэ тыншхэм, ущыпсэуну нэхъ шынагъуэншэхэм, хьэщIагъэкIэ нэхъыфIхэм Налшык къалэр яхохьэ. УФ-м и МВД-м апхуэдэуи сэтей къищIащ щIэпхъаджагъэхэмкIэ Iуэхухэр щымыщIагъуэ щIыналъэхэр, ахэр – Ненецкэ автономнэ округыр, Карелиемрэ Алтай республикэмрэщ. Мыбыхэм 2024 гъэм цIыху мини 10 къэс хуэзэу щIэпхъаджагъэу 200-м щIигъу щалэжьащ.
Поделиться:
Читать также:
18.01.2026 - 11:31 →
Кърымыр нэхъапэм
17.01.2026 - 11:00 →
IэмалыщIэхэм нэхъ трагъащIэ
17.01.2026 - 09:06 →
Нэхъыбэж къызэщIаубыдэ
16.01.2026 - 12:55 →
Сабийхэр ягъэгуфIэ
13.01.2026 - 17:30 →
Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ
| ||





