Къуажэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэр дагъэцIыхуУрысей Федерацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм щIэныгъэхэмкIэ и центрым къыхилъхьащ «Къуажэм щылажьэ егъэджакIуэ» пэхуэщIэ гъэщIэгъуэныр. Абы и къалэныр къытщIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэ етыным хьэлэлу хуэлажьэхэр, зи къаруи зэмани емыблэжхэр бэм къегъэцIыхунырщ, апхуэдэхэм я IуэхущIафэхэр щапхъэ щIынырщ. Ар зэрызрагъэхъулIэн Iэмалуи къыхахар апхуэдэ егъэджакIуэхэм интервью къеIыхынырщ. ЕгъэджакIуэхэр трагъэпсэлъыхьынущ я лэжьыгъэм, зыIууэ лъэпощхьэпохэмрэ зыгъэгуфIэ Iуэхугъуэхэмрэ, «Къуажэ егъэджакIуэ» къэрал программэ илъэс куэд хъуауэ лажьэм фIагъыу иIэм, езы егъэджакIуэхэм къуажэдэсхэм, жылэхэм я гъащIэр фIы и лъэныкъуэкIэ зэрахъуэж щIыкIэхэм, нэгъуэщIхэми. ПэхуэщIэм къызэщIиубыдэнущ къэралым и щIыналъэ псоми я егъэджакIуэхэм ятеухуа хъыбархэр. Иджыпсту интернет-сайтым къралъхьакIэщ Алтай крайм, Орел, Оренбург, Ленинград, Воронеж областхэм, Карелиемрэ Башкортостанымрэ я егъэджакIуэхэм къаIуэтэжа хъыбархэр. «Къуажэм щылажьэ егъэджакIуэм» и сайтым (uchitelvsele.mpcenter.ru.) дэтхэнэ зыри фрегъэблагъэ. Абы къыщыфхуэгъуэтынущ пэхуэщIэм хэт егъэджакIуэхэм ятеухуа хъыбархэмрэ абыхэм къаIуэтэжахэмрэ, щIэ куэдми щыгъуазэ фызэрыхъунум шэч хэлъкъым.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




