Дыдейхэми зыкърагъэцIыху![]() ЕрыскъыхэкIхэмрэ псыхэкIхэмкIэ «ПРОДЭКСПО 2025» гъэлъэгъуэныгъэшхуэ щызэхэтащ Мэзкуу къалэм и «Экспоцентр»-м. Къэралым къарита Iэмалыр къагъэсэбэпри, абы зэрыщыIам щхьэкIэ пщIэ щIамыту, я зэфIэкIхэр зэхуэсым щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ зыбжанэм. «Продэкспо» гъэлъэгъуэныгъэр илъэс къэс ирагъэкIуэкI икIи абы кърохьэлIэ УФ-ми хамэ къэралхэми я лIыкIуэ куэд. ЖыпIэнурамэ, мы гъэм Мэзкуу къэкIуащ хамэ къэрал 36-м я IуэхущIапIэ 1835-рэ. Мыбдежым щагъэлъагъуэ ерыскъыхэкIхэмрэ псыхэкIхэмрэ къыщIэгъэкIынымкIэ яIэ ехъулIэныгъэхэр: махуэ къэс къагъэсэбэп шхыныгъуэхэм къыщыщIэдзауэ ерыскъы хэплъыхьахэм деж щиухыжу. Гъэлъэгъуэныгъэм хухахат псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 75 900-рэ.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 12:11 →
Хамэ щIыпIэхэм щилъэгъуар
15.04.2026 - 13:26 →
Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
| ||






