Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр

Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ щэнейрэ щытекIуа, дуней псом щыцIэрыIуэ бэнакIуэу щыта Медведь Александр и фэеплъ 54-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэр Белоруссием и къалащхьэ Минск иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэрал 11-м я бэнакIуэ лъэщу 300-м щIигъу, гупи 10-у гуэшауэ.

Ди гуапэ зэрыхъущи, УФ-м и командэм хэту зэIущIэм зи зэфIэкIхэр щызыгъэлъэгъуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Шэрий Иналбэч дыщэ медаль абы къыщихьащ. Килограмм 74-рэ зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ ди щIалэм къызэринэкIащ Азербайджанымрэ Дагъыстэнымрэ я спортсменхэр, и IэзагъкIэ фIыуэ абыхэм ефIэкIыу.

Зэхьэзэхуэм и дыжьын медалыр къихьащ нэгъуэщI ди бэнакIуэми. Килограмм 61-рэ зи хьэлъагъхэм я деж къыщыхэжаныкIащ Жыласэ Рустам.

Ди щIалэхэр ягъасэ Маргиев Анатолэ, Уэрыш Анзор, ХьэщIэмахуэ Анзор, Абрэдж Арсен, Хьэсанэ Олег.                   

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.
Поделиться: