Анэ, бын, дзэ Iуэху хэха…

- Уэ ухьэрычэтыщIэ?
- Хьэуэ. Сэ сыанэщ, пенсэм сыщысщ.
Тырныауз къалэм щыщ ХьэвцIыкIу ФатIимэ дедгъэкIуэкI псалъэмакъыр гугъуу ежьащ япэщIыкIэ - ар хуейтэкъым илэжь псапэр хэIущIыIу ищIыну. ИкIи къыдэпсэлъэну арэзы щы­хъуар, езым дытемыпсэлъыхьу, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ СВО-р щекIуэкI щIыналъэхэм щыпсэухэмрэ ядэIэ­пыкъу гупхэм я гугъу нэхъыбэу тщIыну къэдгъэгугъа иужькIэщ. А гупхэм зэреджэри гъэ­щIэгъуэнщ - «IуэхуфI лэжь, Тыр­ныауз», «IуэхуфI лэжь, Зеикъуэ»… 

- Сыт сэ, псапащIэ Iуэхуу, хьэп­шып­хэмрэ ерыскъыхэмрэ Донбассым егъэшэным яужь сыщIихьар? Абы и щхьэусыгъуэр куэд мэхъу. Япэрауэ, си щIалэр абы щыIэщ. Илъэсищ хъуауэ ­къулыкъу щрехьэкI, зигъэпсэхуну зэи къэкIуэжакъым, ауэ, Алыхьым и шыкуркIэ, псэущ, узыншэщ.
Псори къыщежьар 2022 гъэрщ, Тырныауз къалэрщ. Сабий щыгъынхэр зэхуэхьэсын щIэздзащ япэщIыкIэ. Зы­щIыпIэ сыкъыщеджат Донбассым щы­псэу цIыкIухэм, зеиншэу къэнахэм, сабий щыгъынхэр хузэхуахьэсу. Сэри садэIэпыкъуу, ахэр зэхуэсхьэсурэ яхуезгъашэу щIэздзащ.
ИужькIэ тырныауздэсхэм соцсетхэм щаIэ гупхэмрэ чатхэмрэ хъыбархэр яхузэбгрезгъэх хъуащ. СылъаIуэрт зыхуэмеижу яIэ сабий щыгъыныфIу ­хъуар къызатыну, къысхуахьыну. АдэкIэ сэ зэкIуэцIыслъхьэжынурэ езгъэшэнут. Пэжуи, зэман куэд дэмыкIыу си лъэIум цIыху куэд къыпэджэжащ икIи абыхэми къыздэIэпыкъун щIадзащ. Зауэ зэпэ­щIэувэныгъэм и зэранкIэ лей зытехьахэм: сабий зеиншэхэр щапI унэхэм щыIэхэм, цIыху къызэрыгуэкIхэм щыгъынхэр яхуедгъашэ хъуащ. Апхуэдэурэ япэ гупыр, сэ сыщылажьэр, къызэдгъэпэщащ…
Зэгуэрым, жэщым, сыхьэтищым нэсауэ, сыщыст, СВО-м щыIэ си щIалэр къыщыпсэлъэнум сыпэплъэу. Абы ап­хуэдэ Iэмалхэр: къэпсэлъэну е къэтхэну щигъуэтыр, зэрыхабзэу, жэщым сы­хьэтищ-плIыхэрт…
Телефоныр къэзууащ, ар къэсщтащ, ауэ къэпсалъэр си щIалэратэкъым, атIэ сымыцIыху зауэлI гуэрт. Абы къызжиIащ: «Уи номерыр зыгуэрым къызитащ икIи укъыддэIэпыкъуфыну жиIащ. Дэ радиостанцитIрэ зы дронрэ ды­хуейщ». 
Сэ абы занщIэу жесIащ апхуэдэ зэфIэкI зэрызимыIэр, щыгъынхэр зэ­хуэсхьэсурэ зи унэ, зи лъапсэ зыфIэкIуэдахэм, сабийхэм ахэр яхуезгъашэ къудейуэ зэрыарар, и лъэIумкIи сызэ­рыдэмыIэпыкъуфынур.
Ауэ, дауэ хъуми, а жэщым си напIэр зэтеслъхьакъым: абы нэгъуэщI хэкIыпIэ иIауэ щытамэ, си деж къэпсэлъэнутэкъым!
Арати, сэ езым си «дуней цIыкIум» щысцIыхуу хъуам захуэзгъэзащ: мып­хуэдэ лъэIу щыIэщ, ди щIалэхэм дадэвгъэIэпыкъу. Алыхьым и шыкуркIи, ды­пэлъэщащ, тхузэфIэкIащ. 
Абы иужькIэ, къызэрыхъур аракъэ, дызыдэIэпыкъуа щIалэхэм ди хъыбархэр нэгъуэщIхэм Iэрагъэхьэж, ди телефонхэри абыхэм ират: мыхэр дэ къыддэIэпыкъуащи, фэри зыгуэркIэ зыкъыфщIагъэкъуэнщ, фыпсалъэ, жы­хуаIэу. Апхуэдэурэ зауэлIхэм си деж къэпсэлъэн щIадзащ. Абыхэм садэIэпыкъун фIэкIа, сэ нэгъуэщI хэкIыпIэ сиIэжкъым. 2022 гъэм щегъэжьауэ мис апхуэдэу долажьэ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейт си унагъуэр - си щхьэгъусэмрэ ди щIалэхэмрэ (ахэр плIы мэхъу) мыхъуамэ, зыри зэрысху­зэфIэмыкIынур…
ИужькIэ, сыщалъхуа Зеикъуэ къуажэми апхуэдэ гуп къыщызэзгъэпэщащ. ХъуэпсапIэ сиIэт Зеикъуэ къуажэм икIыу псапащIэ Iуэхуу хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ Запорожье щIыналъэмкIэ езгъэшэну, сыту жыпIэмэ, ди щIалэхэм я нэхъыбэр здэщыIэр а лъэныкъуэмкIэщ. Нэгъабэ нэщIикIыжым тезгъэхуащ. СщIэрт, ди щIалэхэм я нэхъыбэм нэ­щIыр зэраIыгъар, зауэ зыхэтым щхьэкIэ къамыгъанэу. 
Дэ зэхуэтхьэса хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ, ахъшэфI ядотри, машинэтедзэкIэ яхудогъашэ. ИкъукIэ гугъущ икIи хьэлъэщ ахэр абы нэбгъэсыну. Си щIалэ нэхъыжьыр гъусэ сыт щыгъуи ­яхудощI, сыту жыпIэмэ, хьэпшыпхэр зыхуедгъэшахэм ахэр зэраIэрыхьар тщIэн хуейщ. 
Тырныауз иредгъэшу хьэпшыпрэ ерыскъыуэ а щIыпIэхэмкIэ яхуедгъэшам и бжыгъэр сщIэжыркъым. Мазэ ипэкIэ зэхуэтхьэсахэр Белгород яхуэдутIыпщащ. Абы иужькIэ Курск, итIанэ аргуэру Белгород. Дыгъэгъазэм и 28-м хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ, хущ­хъуэхэр, псы, щыгъын хуабэхэр Зеикъуэ ирашащ, илъэсыщIэм ирихьэлIэу ди щIалэхэм яIэрыхьэн хуэдэу.
Зеикъуэдэсхэм къызэдгъэпэща гу­пым хэт щIалэ куэд зэфIэкIыфIхэр яIэу къыддоIэпыкъу, ауэ абыхэм я цIэхэр ­къитIуэу къытхуадэркъым. ИлъэсыщIэм СВО-м едгъэша хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ къритщэхуну сом мин 300 къыдатащ. АбыкIэ ди щIалэхэм къахуэтщэхуащ ахэр щIэлъэIуауэ хъуар, холодильник цIыкIурэ зэрыжьыщIэ машинэри щIыгъуу. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, Зеикъуэ гупыр къызэрызэдгъэпэщрэ псапащIэ Iуэхуу 60-м щIигъу СВО-м едгъэшащ. Мыри къыхэзгъэщынут: ди къуажэгъухэм нэмыщI, а гупым хэтщ республикэм и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ цIыху ­куэди. Сыхуейт псоми я цIэр щхьэхуэу къисIуэну, ауэ хъунукъым: яфIэфIкъым абыкIэ загъэщIэгъуэн. Ар я гумрэ я псэмрэ къыбгъэдэкIыу аращ. 
Ауэ зэкIэ сыгупсысэмэ, Тырныауз гупым хэтхэм ящыщу Хаджиевэ Сэлимэт деж си щхьэр макIуэ. Абы илъэс 79-рэ и ныбжьщ, и щIалэри СВО-м щыIэщ. Ахъшэ Iуэхухэр псори зезыгъакIуэр аращ, ауэ абы нэмыщI, хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ зэхуэхьэсыным ехьэлIауэ нэгъуэщI къалэнхэри егъэзащIэ. 
Зеикъуэдэсхэм ящыщу я цIэхэр ­къисIуэну сыхуейт ХьэвцIыкIу Iэминэрэ абы и щIалэхэу Мулид, Мухьэмэд, Рус­там сымэ, Къэрмокъуэхэ Марузрэ абы и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, Ахъмэтхэ Хъызыррэ Мухьэмэдрэ, Сыжажэ Залинэрэ и Iыхьлыхэмрэ, абы и адэмрэ тхьэмадэмрэ. СВО-м хэтхэм защIэгъэкъуэным хэлъхьэныгъэфI куэд хуащIащ абыхэми нэгъуэщIхэми. ЗэрыжаIэу, щхьэж хузэфIэкI елэжь. 
Волонтёрхэри диIэщ дэ. Псалъэм пап­щIэ, Тырныауз щыпсэу КIуантIэ Имран ебланэ классым щеджэу аращ. Сыт и лъэныкъуэкIи къыддоIэпыкъу а щIалэ цIыкIур. Хьэпшыпхэр ди деж къэзыхьыну Iэмал зимыIэхэм, зыхузэфIэмыкIхэм я деж макIуэри, ахэр къытхуегъэс. Прох­ладнэ къалэм дэсщ Маргъущ Щамил, ар илъэс 11 хъууэ аращ, школым щоджэ. АтIэ «жып ахъшэу» я унэм къыщрату ­хъуар дэ къыдетыж.
ХьэвцIыкIу ФатIимэ зыхэт гупхэм Iуэхугъуэ щхьэпэ ялэжь, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, бэлыхь хэхуахэм ядоIэпыкъу, я гъащIэр тIэкIу нэхъ тынш хуащI. ЖыпIэнурамэ, IуэхуфI ялэжь!
ЗыгуэркIэ, СВО-м щыIэхэм гулъытэ яхуэзыщIыну жэрдэм зиIэ щыIэ хъумэ, мы телефонымкIэ (40-68-68) фыпсалъэмэ, ХьэвцIыкIу ФатIимэ и номерыр къыватынущ. 
- Иджыпсту «буханкэ» жыхуаIэм хуэдэ машинэ къызэрытщэхун ахъшэ зэхудохьэс. Дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди щIалэхэр къэлъэIуащ, езыхэм яйр мафIэм исащи, уIэгъэ хъуахэр зауэ губгъуэм къызэрырашын Iэмал яIэжкъым. Си гугъэщ, сэбэп дахуэхъуфыну, - жеIэ ФатIимэ.

Зытхыжар ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ.
Поделиться:

Читать также:

11.11.2025 - 13:30 Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 12:30 Кувейтым мэлъатэ
11.11.2025 - 11:00 Псы къабзэм егугъуу
09.11.2025 - 11:20 ЩIалэщIэм и мурадхэр