Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжри, хъуэпсапIэ псор зыпыщIари щIэблэрщ. Ар хэкупсэу, я бзэр яIурылъу, хабзэ яхэлъу, щэнхабзэр ямыгъэгъуащэу, щIэныгъэ яIэу гъащIэм къыпащэфмэ, бын хьэкъыр ягъэзащIэм и закъуэ мыхъуу, лъэпкъ ныбжьым къыпащауэ бжы! Апхуэдэу, гугъэ нэхухэр уагъэщIрэ уи щхьэр лъагэу уагъэлъагъужу мазаем и 20-м Бахъсэн округым хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм дэт курыт еджапIэ №7-м щекIуэкIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм хуэгъэпса зэпеуэ дахэ. Ар иригъэкIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ мы школым и егъэджакIуэ, курыт еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Бакъей Марианнэ.
Багъэтыр Темборэ зи унафэщI курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэм (5 - 8-нэ классхэм щеджэхэм) къагъэлъэгъуащ адыгэбзэр зэрагъэбзэрэбзэфыр, адыгэ хабзэм, джэгукIэхэм, псалъэжьхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырым зэрыщыгъуазэр, къызэрыфэмрэ уэрэд зэрыжаIэмрэ. «Адыгэ», «Iуащхьэмахуэ», «НартыхупIэнкI», «Адыгэпсэ», «Псынэ», «Дыгъэ нур», «Махуэгъэпс» гупхэм къагъэлъэгъуащ телевизорымрэ телефонымрэ «япIауэ», бзэр зыIурыхуж щIэблэу зэрыщымытыр. Ахэр гъэхуауэ, жьакIуэу, екIуу псалъэрт, лъэпкъ уэрэдыжьхэр кърашырт, къафэми хуэфIт, гушыIэ дахэри я гъуазэт. ЖыпIэнуракъэ, глобализацэм здихьу къытщыхъу щэнхабзэм а цIыкIухэр я хъумакIуэ мывэ къалэу къызэрыхуэувым шэч къытепхьэртэкъым.
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтыну кърагъэблэгъат тхакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и член-корреспондент Фырэ Анфисэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр» радиом и журналист Жыгуэ Иннэ, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо щIалэгъуалэ жылагъуэ-политикэ зэгухьэныгъэм Бахъсэн къалэ округым щиIэ къудамэм и унафэщI Къардэн Мадинэ сымэ.
Зэхьэрхуэрэгъухэм унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ зыкъагъэлъэгъуа, утыку кърахьа адыгэ шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырым тепсэлъыхьа нэужь къэпщытакIуэ гупым япэ увыпIэр хуагъэфэщащ урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Ныр Рузаннэ зи унафэщI 6-нэ «А» классым щIэс «НартыхупIэнкI» гупым.
- Гуп къэс адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ зырыз къащхьэщыту ягъэхьэзырам хуэдэу къыпщыхъунущ. Ауэ щхьэж и класс унафэщIырщ зыгъэхьэзырыжар. Къафэхэри, уэрэдхэри, гушыIэхэри езы цIыкIухэм къыхахри, яфIэфIу загъэхьэзыращ, дерс нэужьхэм къанэурэ, и нэхъыбэм даримыгъусэу, къапщытэжу, елIэлIапэу пэрытащ. Мы гъэм школыр къэзыуххэм дакIэрыщIауэрэ, зэпеуэм хэтынухэм хуиту дадэлэжьэфакъым, арами, дыкъагъэщIэхъуакъым, - жиIащ инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ школ унафэщIым и къуэдзэ ПщыукI Иринэ.
Илъэс 40-м щIигъуауэ егъэджакIуэ лэжьыгъэм пэрыта Абазэ Маритэ зэрыжиIамкIэ, зэманми, гъащIэми, щIэныгъэми зэрызаужьымрэ адыгэм абыхэм зэрызадихъуэжымрэ кIэлъыплъу къогъуэгурыкIуэ.
- ЩIэблэр ди бзэм ирипсалъэркъым, хабзэ ящIэркъым жытIэурэ, нэхъыжьхэр догузавэ. Нобэ иджыри зэ сабийхэм сакIэлъыплъыжати, гу лъыстащ адыгагъэр я лъым зэрыхэтым, я пкъым зэрилъым: адыгэ макъамэр къызэреуэу я нэгум зихъуэжырт, утыку къилъадэу къэфэну зэрыхуейр къапщIэу, уэрэдыжь жызыIэм мыдрейхэр дежьут, псынщIэрыпсалъэхэр щыуагъэнщIэу, къаIурыщэщу ягъэшэрыуэт, адыгэбзэр тэмэм дыдэу имыщIу ди гугъа пщащэм лэкъум зэрапщымрэ зэрагъажьэмрэ гъэхуауэ тепсэлъыхьащ. Абы къигъэлъагъуэр зыщ - унагъуэращ псори къыщежьэжыр. Мыдрейхэр псори щхьэусыгъуэу аращ, - жиIащ нэхъыжьыфIым.
«Мыпхуэдэ зэIущIэхэмрэ зэпеуэхэмрэ уахэплъа нэужь уи гукъыдэжым зыкъеIэтыж, фIым ущогугъ, дызэригугъэм хуэдэу Iуэхур зэрымышынагъуэр, псори дэ дэлъытэжауэ зэрыщытыр къыбгуроIуэжри, узыщIогупсысыкIыж», - къыхагъэщащ къэпщытакIуэхэм.
Курыт еджапIэм и унафэщI Багъэтыр Темборэ зэрыжиIамкIэ, мы школым я сабий щеджэмэ яфIэфIу, Налшык къалэ, Каменномост нэс кърашу сабий зыбжанэ щIэсщ.
- Адыгэбзэм, Фащэм, Ныпым, Щыгъуэ махуэхэм ирихьэлIэу, Iэмал имыIэу, зэIущIэ, зэпеуэ, гъэлъэгъуэныгъэ гуэрхэр адыгэбзэкIэ идогъэкIуэкI. Ди сабийхэм я бзэр яIурылъуу, хабзэ зэрахьэу, лъэпкъ махуэшхуэхэм щыгъуазэрэ абыхэм хэту дгъэсэныр къалэн нэхъыщхьэу зыхудогъэувыж. КВН жыпхъэм тету мыпхуэдэ зэпеуэшхуэ япэу зэхэтшэу аращ, хабзэ дахэ тхуэхъунуи къытхуинэнуи согугъэ. Хэт ищIэрэ щIыналъэпсо зэпеуэу «Адыгэбзэ Хасэм» иригъэкIуэкI «Джэгурэшым» дыхэтынкIи хъунщ, мыр ди япэ лъэбакъуэщ, - жиIащ Багъэтырым.