ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуэщIауэ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэм дэт, фэтэр куэду зэхэт унэхэм зэгъэпэщыжыныгъэхэр щегъэкIуэкIыным, абыхэм я щытыкIэм кIэлъыплъыным, къегъэщIылIа щIыналъэхэр зэIузэпэщ щIыным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлев Андрей, транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министр ДыщэкI Аслъэн, финансхэмкIэ министр Лисун Еленэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ министр Шаваев Ильяс, тарифхэмрэ псэупIэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ къэрал комитетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мэкъушэ Алим, Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз, Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим, Прохладнэ къалэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Кожухов Кирилл, республикэм Фэтэр куэду зэхэт унэхэм я щIыналъэ операторым и унафэщI Кулиев Мустафир, ведомствэ, IэнатIэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2026 - 10:47 →
Къэрал мылъкур зэрызэрагъэзахуэр
01.05.2026 - 09:11 →
Зыужьыныгъэм и тегъэщIапIэхэр
18.04.2026 - 12:00 →
Къэрал Думэм жэрдэмыр къыщыдаIыгъ
11.04.2026 - 11:12 →
ЩIыхэр зэрагъэзахуэ
28.03.2026 - 11:00 →
«Урысей зэкъуэтым» къепщытэж
| ||





