ХуэунэтIащ лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Экономикэмрэ цIыхубэ шынагъуэншагъэмкIэ советымрэ Хабзэр хъума хъун папщIэ зэпыу имыIэу лажьэ зэзыгъэуIу гупымрэ я зэIущIэ. Абы къыщаIэтащ лъэпкъ проектхэм я гъэзэщIэкIэмрэ цIыхубэм я шынагъуэншагъэмрэ епха Iуэхугъуэхэр. Лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Крючков Вячеслав, Налшык транспорт полицэм и линейнэ къудамэм и унафэщI Мысостышхуэ Мурат, Урысейм и Ипщэ банкым и управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Олейник Виктор, Страховщикхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэту, щIыналъэм мыхъумыщIагъэм щыпэщIэтынымкIэ и къызэгъэпэщакIуэ гупым и унафэщI Елокъуэ Мурат, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Езауэ Анзор, щэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин, лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ министр Тогузаев ТIэхьир сымэ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||





