«1944 - 1957 гъэхэм политикэ дэкъузэныгъэм ихьахэм я фэеплъ мемориалыр», нэгъуэщIу жыпIэмэ, балъкъэр лъэпкъым тхыдэкIэ къытехуа удыныр зэригъэвар къэкIуэну щIэблэхэм ящымыгъупщэным хуэунэтIауэ зэрагъэпэща музейр къызэрызэIуахрэ гъатхэпэм и 8-м илъэс 23-рэ ирокъу.
Дауи, мы ухуэныгъэм и тхыдэр дэфтэрхэми къыщыпхуэгъуэтыжынущ, итIани, балъкъэр лъэпкъым щыщхэм гуапэу ягу къагъэкIыж япэ лъэбакъуэр ячынымкIэ къадэIэпыкъуахэр, лъэпкъым гунэс щыхъуа унафэр пхызыгъэкIа къулыкъущIэхэм я цIэхэр, псом япэ - а зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр.
Фэеплъ унэр зэрызэфIагъэувам, абы хухаха щIыпIэм епха унафэхэм мызэ-мытIэу зэрызихъуэжам и хъыбарыр къытхуиIуэтэжащ «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэж, а лъэхъэнэм «Зеленый мир» (Дуней щхъуантIэ) цIыхубэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта бзылъхугъэ жыджэр Ульбашевэ Маржан.
«Балъкъэр лъэпкъым и фэеплъ музей ягъэувыну мурад ящIа нэужь, а зэманым КъБР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу лэжьа Мамхэгъ Михаил и Iэр щIэлъу унафэ къыдэкIауэ щытащ 1989 гъэм мазаем и 3-м. Правительствэм архитекторхэм я зэхьэзэхуэ къызэрызэIуихымкIэ цIыхухэм хъыбар яригъащIэрт, «Балъкъэр лъэпкъым къытехьа лейм и Фэеплъым и эскиз икIэщIыпIэкIэ ягъэхьэзырын» зэрыхуейм теухуауэ. А зэман дыдэм цIыхухэм псапэхуэщIэу ахъшэ ирагъэхьын папщIэ, банкым счёт къыщызэIуахащ. Архитекторхэм я IэдакъэщIэкIхэм хэплъэу, зэпеуэр иуха нэужь, адрей псоми ятекIуащ Гузиев Малик игъэхьэзырар.
ЩIыпIэм и гугъу тщIымэ, Iуэхур къыщаIэтам щыгъуэ, музейр лей зытехьа балъкъэр цIыхубэр гухэщIу зытраша вокзалыр, Къэбэрдей, Осетинскэ уэрамхэм я зэпылъыпIэр къыхахауэ щытащ. Ар унафэ нэхъ щхьэпэкIэ зэрахъуэжам сэри хэпщIа сызэрыхъуам срогушхуэ. А зэманым сэ «Зеленый мир» зэгухьэныгъэм сыщылажьэрти, унафэр къащтауэ, музейр яухуэн щIадзэным фIэкIа къэмынэжауэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Хуламханов Зауррэ архитектор Каркаев Мухьэрбийрэ сахуэзащ. ТIуми зыгуэр ягу къеуэрт. СащыщIэупщIэм, музейр лъэпкъым и Хэкур щибгына вокзалым хуэзэу щытми, гъуэгу зэпрыкIыпIэм деж зэрагъэувынур я гуапэ зэрымыхъуар къызжаIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, абыкIэ куэд зэакъылэгъут. Арати, афIэкIа хэмылъу, Президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэкIэ лъэIу стхащ, сызытекIухь Iуэхури къыхэзгъэщу. ФIыщIэ яхузощI абы щыгъуэ гуапэу къыспэджэжа псоми. ЕгъэблэгъапIэм и нэхъыжь Уэтэр Мэжид къызэджа нэужь, мемориалыр иджыпсту здэщыт щIыпIэм деж ягъэувамэ, псоми нэхъ къызэращтэр къыгурызгъэIуащ. ФIыгъуэ зыхуищIэн КIуэкIуэ Валерэ занщIэу арэзы хъури, Iуэхур езым и чэнджэщэгъу Тхьэгъэзит Юрэ и пщэ дилъхьащ, нобэми сигу илъщ абы цIыхуфIагъыу дэслъэгъуар. Гупсэхуу дызэпсалъэри, Тхьэгъэзитым сызыхуей псори къабыл ищIащ. Апхуэдэу, щIыпIэр къыхаха нэужь, япэ мывэр 1989 гъэм щIым халъхьащ. А илъэсым ухуэныгъэр ирагъажьэри, 2002 гъэм гъатхэпэм и 8-м къызэIуахауэ щытащ мемориалыр.
Нобэ хуэдэу си нэгум щIэтщ балъкъэр цIыхубзхэм, си анэ Хутуевэ Хьэлимэт я пашэу, КIуэкIуэ Валерэ бгъэдыхьэу фIыщIэ псалъэ жраIауэ зэрыщытар. Езыми IэплIэ къахуищIри: «Фэ си анэм фыхуэдэщ», - къажриIат, я гур фIы къахуищIат. Музейм и япэ унафэщIу щытар Таукенов Идрисщ.
Нобэ а Iуэху дахэр къезыхьэжьахэм ящыщ куэд дунейм ехыжакIэщ, ауэ мы фэеплъыр щытыху, ар абыхэм я псапэу къэнэнущ».
Мэржан зи гугъу ищI музейм а лъэпкъым дежкIэ гукъэкIыж хьэлъэхэр ихъумэ пэтми, езыр щэнхабзэм и щапхъэ екIу хъуащ. Абы и дэтхэнэ зы пэшри темэ щхьэхуэм хухэхауэ щытщ. Тхыдэ-этнографие и лъэныкъукIэ пэшхэр ятегуэшащ: революцэм ипэкIэ екIуэкIа гъащIэм, Хэку зауэшхуэм и пэм, Хэку зауэшхуэм балъкъэр лъэпкъым хуищIа хэлъхьэныгъэм епха фэеплъхэм, 1941 - 1957 гъэхэм екIуэкIа политикэ дэкъузэныгъэм, лъэпкъыр я хэкум зэрырашам и щыхьэту къэув сурэтхэм, гукъэкIыжхэм, къинэмыщI хьэпшыпхэм, архивхэм. Пэш щхьэхуэ хухэхащ балъкъэрхэм я Хэкум къызэрагъэзэжам, лъэпкъым и пщIэр зэрызэфIэувэжам, иджырей зэманым здынэса лъагапIэм. Экскурсиехэр урысыбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ щокIуэкI, дэтхэнэ ныбжьми хухэхащ. Гу лъытапхъэщ зыплъыхьакIуэхэр япэу зыIуплъэ, Кулиев Къайсын и псалъэхэми: «Уэ, си лъэпкъ мащIэ, лей къыдэзыха псом нэхъри узэрынэхъ лъэщыр къыдгурыIуащ».
Ухуэныгъэм и теплъэм уигу къегъэкI Курыт лIэщIыгъуэм Азием щащIу щыта сэрейхэр, балъкъэр лъэпкъым и IэпщIэлъапщIагъым и щапхъэхэми ущрохьэлIэ. Дауи, мы музейр щIащIа щхьэусыгъуэр къэмыхъуххамэ, нэхъыфIыжт, ауэ лъэпкъ щхьэхуэри и натIэм къритхам IэщIэкIыф къыщIэкIынкъым. Абы къыхэкIыу, къэкIуэну щIэблэм гуауэ ямылъагъунымкIэ щхьэпэ ирехъу цIыху куэдым я гуащIэрэ я IэщIагъэрэ зрахьэлIа мы ухуэныгъэр. Зы лъэпкъми апхуэдэ гузэвэгъуэ Алыхьым яримыгъэлъагъукIэ.