ЛIыгъэкIэ псыхьа сатырхэр![]() КъытщIэхъуэ щIэблэр псэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ мыхьэнэ иIэщ тхыдэм. Абы дерс къыхэзыхыф лъэпкъыр щыIэныгъэм зэрыхэмыкIуэдэжынум и щыхьэтыгъэ Iэджи гъащIэм къигъэлъэгъуащ. БлэкIам къыщыхъуар акъылкIэ зэзыгъэзахуэм и къэкIуэныр фIым зэрыхуэузэщIам и щапхъэщ цIыхубэр а дыгъуасэрей махуэхэм зэрыхущыт щIыкIэри. Хэку зауэшхуэр цIыхуцIэ зиIэр зэзыгъэувалIэ, лъэпкъыбэр гъунэгъу зэхуэзыщI апхуэдэ къэхъугъэ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ. Ар зи унагъуэ имыхьа щIагъуэ зэрыщымыIэр къыхэплъытэжмэ, гурыIуэгъуэщ а зауэм ехьэлIа сыт хуэдэ Iуэхугъуэми пщIэ щIигъуэтыр, пэджэж щIиIэр. Апхуэдэ зы гукъэкI хьэлэмэт дыдэщ хъыбарегъащIэ IэнатIэм пыщIа Iуэхутхьэбзэхэр щызэфIах ИВИС акционер зэгухьэныгъэм къыхилъхьар. 2005 гъэ лъандэрэ лажьэ ИВИС зэгухьэныгъэр шэщIауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, библиотекэхэм, архив IуэхущIапIэхэм, къэрал къулыкъущIапIэхэм ядолажьэ, къэралым щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыдэкIа газет гъуэтыгъуейхэмкIэ къызэригъэпэщу. НобэкIэ ИВИС-р интернетым хуэдэу газет гъэтIылъыпIэ нэхъ ин дыдэу щытщ, абы газет 1500-м щIигъу щызэхуэхьэсащ, ахэр Iуэхугъуэ 56-кIэ абдеж щызэхэдзащ, дунейм къытехьэ хуэдэ къыдэкIыгъуэ 300-м щIигъур абы занщIэу кърагъэувэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдиз гъэтIылъыгъэ зиIэ зэгухьэныгъэм деж IуэхущIапIэ куэдым щумыгъуэтын тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыгъуэтыгъуафIэ мэхъу, зи гугъу тщIы газетхэм я жыпхъэхэр хьэзыру зэраIэр къэплъытэмэ, узыхуейр напIэзыпIэм Iэрылъхьэ мэхъу. Пэжщ, апхуэдэ лэжьыгъэ хьэлъэм пщIэ пылъщи, зэгухьэныгъэм и напэкIуэцIым итыр къызэIупхын папщIэ, ущIэтхауэ щытын хуейщ. Лэжьыгъэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэригъэпсыфам къыхэкIыу, ИВИС IуэхущIапIэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум ирихьэлIэу цIыхубэм тыгъэ къахуищIащ – зауэ илъэсхэм къыдэкIауэ щыта газетхэмрэ журналхэмрэ цIыхухэр уасэ щIамыту лъэIэсыфынущ, къалъыхъуэ хъыбархэр абдеж щызэрагъэпэщыфынущ. 1941 - 1945 гъэхэм дунейм къытехьа газетхэм я нэхъыбэр къэрал библиотекэхэмрэ архив гъэтIылъыпIэхэмрэ щахъумэ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, щIыналъэхэм къыщыдэкIыу щыта газетхэр щыхьэр библиотекэхэм щамыIэ куэдрэ къохъу, ар къэгъэнауэ, Урысейм и библиотекэ нэхъ лъэрызехьэхэм къыщумыгъуэтынри зыхуэIуа щыIэкъым. ЗэхуэхьэсакIуэ щхьэхуэхэм я гъэтIылъыгъэхэм къыхахыжу ИВИС-м и сайтым кърагъэува къыдэкIыгъуэ хьэлэмэт дыдэхэри щыIэщ. Апхуэдэ газетхэм 2025 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 30 пщIондэ щIыналъэпсо икIи къэралпсо библиотекэхэмрэ Урысеймрэ Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэгухьэныгъэм хыхьэ хэгъэгухэмрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм я библиотекэхэмрэ я щIэджыкIакIуэхэм зыщагъэгъуэзэфынущ. ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ щIэджыкIакIуэхэм къызэIуахыфынущ Беларусь щIыналъэм и партизан гупхэм 1942 - 1944 гъэхэм къыдагъэкIыу щыта газетхэр, «Огонёк» журналым 1941 - 1945 гъэхэм дунейм къытригъэхьа зэужьхэр, зауэ илъэсхэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщыдагъэкIахэр. Беларусь партизанхэр илъэсищкIэ зэхэту зэлэжьыгъа газетыр, псалъэм щхьэкIэ, къыдэкIыгъуэ 30-щ зэрыхъур. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм хэгъэгур яIэщIэлъ пэтми, къэрал IуэхущIапIэхэр гъэпщкIуауэ лажьэрт, къыдэкI унафэхэм цIыхубэр щагъэгъуазэу, бийм и тIасхъэр къыщIагъэщу хэщIыныгъэ зэрыратам ехьэлIауэ жылэр къызэщIаIэтэу. Бжыгъэ мащIэ дыдэут къызэрыдэкIри, ар зыIэрыхьам газетыр зыгъэхьэзырахэм зыхуагъазэрт «Уеджамэ, адрейм ет» псалъэхэмкIэ, цIыху нэхъыбэ къызэщIрагъэубыдэн щхьэкIэ. ГъэщIэгъуэнращи, къыдэкIыгъуэ 30-ри щахъумэ библиотекэ щыIакъым. Уеблэмэ, Беларусым и Лъэпкъ библиотекэшхуэм а бжыгъэм и ныкъуэрат щIэлъыр. ЦIыхухэм я унагъуэ гъэтIылъыгъэхэм хэлъхэр къыхахыжурэ псори ИВИС-м и фIыгъэкIэ зэгъэуIужа хъуауэ аращ. Мыпхуэдэ газетхэмрэ журналхэмрэ уалъэIэсыным и мыхьэнэр абыхэм бийм пэщIэтын зэрыхуеймкIэ игъэзащIэу щыта пропагандэ IуэхумкIэ зэфIэкIыркъым. Газетхэм къытехуэрт Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм лIыгъэ зезыхьэ куэдым я хъыбар, иужькIэ хъыбарыншэу кIуэдауэ е зэуапIэм и щхьэр къринауэ. Апхуэдэ цIыхухэм я къекIуэкIыкIар зэфIэгъэувэжынымкIэ газетхэр хуабжьу щхьэпэ хъурт. КъызэрыщIэкIамкIэ, ноби мэхъу. Зауэ илъэсхэм дунейм къытехьа газетхэм къытехуа тхыгъэ куэдымкIэ зи хьэдащхьэ ямыгъуэтыж зауэлI куэдым я кхъащхьэхэр къыщIагъэщыжыгъащ. ПщIэну щыткъым, апхуэдэ зэфIэкI мы махуэхэми къалъыкъуэкIынкIи хъунущ абыхэм. ИВИС-м и сайтым ухыхьэу зауэ илъэсхэм къыдэкIа газетхэм уахэплъэн щхьэкIэ, https://clck.ru/3GJd8i хэщIапIэм къиувэ хъыбарегъащIэм зыщыптхын хуейщ. ИтIанэщ хуиту сайтым илъ газетхэм ущелэжьыфынур. Къэралышхуэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ илъэс зэхуэмыдэхэм къыщыдэкIа газетхэр зэрагъэуIужу зы гъэтIылъыпIэ зэрыхуащIар икIи фIыгъуэшхуэщ, икIи хъуэпсэгъуэщ. ФIыгъуэшхуэщ гупсысэкIэм и зыужьыныгъэм, екIуэкI Iуэхум зэреплъ щIыкIэм зэрызихъуэжым укIэлъыплъыну, арыххэуи шIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щIэбгъэхуэбжьэну Iэмал зэрыщыIэр. Хъуэпсэгъуэщ, лъэпкъ мащIэхэм я бзэкIэ къыдэкIыу щыта газетхэри апхуэдэу пхузэгъэуIуну зэрыщытыр къэплъытэмэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ къыщыдэкIыу щыта газетхэр щIэныгъэлI гъэщIэгъуэн ХъуакIуэ Заур зэхуихьэсыжри, щIэнгъуазэ гъэпсыкIэм тету къыдигъэкIат. Иджы фIы хъунт ахэри зы щIыпIэ деж щызэхуэхьэсарэ, ущыхуейм ухэплъэфу зэхэлъхьатэмэ… Хъуэпсэгъуэ хъунт, лIыгъэкIэ псыхьа сатырхэм ди щIэблэри и бзэкIэ еджэжыну Iэмал иIатэмэ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
16.03.2025 - 14:48 →
КъэбгъэIурыщIэмэ, лъагэу уиIэтынущ
15.03.2025 - 12:44 →
КърихьэлIат нэхъыжьи нэхъыщIи
|