Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ![]() 2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ. Абы нэмыщI, сабий 39-м щхьэхуэу яхуопщафIэ, я узыншагъэхэр ерыскъым зэрыхуэкIуэм тещIыхьауэ, къитащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм. Апхуэдэуи льготэ зиIэхэм хыхьэу 1 - 11-нэ классхэм хэс сабий 12385-р шхын пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ. Абыхэм яхэтщ зи узыншагъэр зэкIэлъымыкIуэ сабийхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, унагъуэ быныфIэхэм, хуэмыщIауэ псэухэм щыщхэр, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ ветеранхэмрэ я бынхэр. Къэралым и курыт еджапIэхэм я шхапIэхэр егъэфIэкIуэным, абыхэм щагъэхьэзыр шхыныгъуэхэм къэуату ящIэлъымрэ IэфIагъымрэ хэгъэхъуэным хуэунэтIауэ нэгъабэ ди деж щекIуэкIащ «Школым и шхапIэ нэхъыфI-2024» урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Абы щытекIуауэ щытащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и прогимназием и шхапIэм и лэжьакIуэхэр. ИужькIэ ахэр хэтащ Мордовием и къалащхьэ Саранск щекIуэкIа кIэух зэпеуэм икIи абы и лауреат хъуахэщ, «Сабиигъуэм и IэфIыпIэ» зэхьэзэхуэм и саугъэтри къахьащ.
Поделиться:
Читать также:
14.11.2025 - 12:24 →
КъБР-м щыхъыбархэр
14.11.2025 - 12:17 →
И фIагъым щыхьэт техъуэу
14.11.2025 - 12:11 →
ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
| ||




