Шэмрэ шатащхьэмрэ![]() Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024 гъэм яхузэфIэкIахэмрэ IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэмрэ. УнафэщIым жиIащ къэралым къыщыщIаш гъэшым и куэдагъыр тонн мелуан 38,5-м нагъэсыну зэрамурадыр, абы къыдэкIуэу экспортым ягъакIуэми хагъэхъуэну зэрыфIэигъуэр. Псалъэм папщIэ, хамэ къэралхэм гъэшу иращэм и куэдагъыр нэгъабэ тонн мин 210-м нагъэсащ. Апхуэдэуи гъэшым елэжь IэнатIэхэм зэрыхудачых кредитхэр, къэрал дэIэпыкъуныгъэу, илъэс 15 пIалъэкIэ иратынущ, абыхэм я лэжьыгъэхэм зрагъэубгъун, Iэщ бжыгъэм къыхагъэхъуэн, техникэщIэхэмрэ обрудованэхэмрэ кърыращэхун папщIэ. «Ерыскъы шынагъуэншагъэр иджырей технологиехэмкIэ къызэгъэпэщын» лъэпкъ пэхуэщIэщIэм къызэщIеубыдэ къэралым гъэшым елэжь и IэнатIэм и дэтхэнэ зы унэтIыныгъэри. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэдгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм шэрэ шатащхьэу ди щIыналъэм къыщыщIагъэкIам и куэдагъым фIыуэ хэхъуащ. ЖыпIэнурамэ, Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, шэуэ къашащ тонн мин 37-м нэблагъэ икIи ар процент 11-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм елъытауэ. Шатащхьэу трахащ тонни 127-рэ, ари проценти 3,7-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ. Мыдрейуэ, ди республикэм къыщалэжьа гъэшым и нэхъыбэр ди щIыналъэм къыщонэж, ауэ абы къыхащIыкIа кхъуейм, тхъуцIынэм, шатэм къэралым и адрей щIыналъэхэм я сату щIыпIэхэм уащрохьэлIэ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2025 - 11:00 →
IэнатIэу щыIэр минитIым щIегъу
25.04.2025 - 15:20 →
Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ
23.04.2025 - 19:20 →
Сом мелард 80-м нэблагъэ
23.04.2025 - 18:00 →
Анэмрэ бынымрэ
23.04.2025 - 16:29 →
ГъущI гъуэгумкIэ ягъэIэпхъуэхэр
|