Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп

«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ ахъшэ щIыхуэу сом мелуан 631,2-рэ къыIахащ щIыналъэм щылажьэ «КъБР-м и хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ ахъшэ щIыхуэ етынымкIэ фонд» жыхуиIэм.

Абы и Iуэхутхьэбзэр нэхъыбэу къызыгъэсэбэпар мэкъумэш, ерыскъы, ерыскъыхэкIхэм елэжь, ахэр зэзыгъэкIуэкI IэнатIэхэрщ, опт, розницэ сатум хэтхэрщ, Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэхэрщ, социальнэ IэнатIэхэм пэрытхэрщ. Къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу, бизнесым япэу къыхыхьахэм ящыщу 230-м нэблагъэм ахъшэ щIыхуэ къащтащ.

Ахъшэр трагъэкIуэдащ я IэнатIэхэм зегъэужьыным: къащэхуащ зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэмрэ продукцэхэмрэ, обрудованэхэр,  зэрагъэпэщыжащ, лэжьыгъэ IэнатIэщIэхэр къызэIуахащ, нэгъуэщIхэми хухахащ.

Лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ ирата финанс дэIэпыкъуныгъэр абыхэм я зыужьыныгъэм шэсыпIэ хуэхъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, иужьрей илъэсихым къриубыдэу республикэм а и IэнатIэхэм пэрытхэм я бжыгъэм процент 22,3-кIэ хэхъуащ икIи 2024 гъэм ар мин 22,6-м зэрынэхьэсащ. Абы щыщу мини 5,8-р юридическэ лицощ, мин 16,8-р уней IуэхущIапIэщ.

2025 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу я щхьэ хуэлэжьэжыну налогхэх IэнатIэхэм зыщезыгъэтхахэм я бжыгъэр мин 81,5-рэ хъуащ. ЖыпIэнурамэ, фIыуэ хэхъуащ. Псалъэм папщIэ, 2020 гъэм абыхэм я бжыгъэр мин 1,5-м зымащIэкIэ щIигъущ зэрыхъуу щытар.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, уней IуэхущIапIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжхэмрэ я бжыгъэр нэхъыбэ хъуху, щIыпIэ бюджетым ахъшэ нэхъыбэ абыхэм ягъакIуэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм къриубыдэу псори зэхэту сом меларди 2,4-рэ налогыу ятащ, 2019 гъэм ар зэрыхъуар сом мелард 1,4-рэщ.

Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ кредиту ахъшэ етыныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къыщыгъэлъэгъуащ «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм икIи ар лэжьэнущ 2025 гъэм щегъэжьауэ 2030 гъэ пщIондэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: