IТ-IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзыр

 

Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэм щхьэкIэ IТ-IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзыр.
Зым дежкIи щэхукъым иужьрей илъэсхэм егъэджэныгъэ IэнатIэм бгъэрылъанэ Iэмалхэм гулъытэ хэха хуищI зэрыхъуар, абы епха программэхэр еджэныгъэм хиухуанэу зэрыхуежьар. Ар къэгъэнауэ, щIэныгъэ гуэдзэ зэзыгъэгъуэтхэм я дежкIи щIэупщIэшхуэ иIэщ IэщIагъэмрэ бжыгъэрылъанэ Iэмалхэмрэ я зэпхыпIэм деж къыщыунэху есэныгъэхэм. Ди щIыналъэм щыщу ныбжьыщIэ мин 53-м мы лъэхъэнэм куууэ ядж информатикэмрэ компьютерым епха щIэныгъэхэмрэ. ЩIэх-щIэхыурэ IТ-IэщIагъэхэм я пщIэр къэзыIэт, «Бжыгъэрылъанэ дерсхэр» фIэщыгъэр зыгъуэта щIэнIуатэхэр къызэрагъэпэщ. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ «Яндекс ЕджапIэ» пэхуэщIэхэм къищынэмыщIауэ, щIыналъэхэми а Iуэхум хэлъхьэныгъэ хэха хуащI. Псалъэм и хьэтыркIэ, ди хэгъэгум щIэупщIэ хъарзынэ щигъуэтауэ щолажьэ, компьютер программэ щхьэхуэхэр зэхэгъэувэнымкIэ IэщIагъэ щызрагъэгъуэт уней еджапIэхэр. ЦIыху куэд йокIуалIэ «Кванториум» сабий технопаркми зи ныбжьыр илъэситхум къыщыщIэдзауэ пэщIэдзэ еджапIэхэм кIуэ ныбжьыщIэхэм щыщIэкIыжу.
Куэд щIакъым «IТ гуп» зи фIэщыгъэ центрыр КъБКъУ-м къызэрыщызэIуахрэ. Бжыгъэрылъанэ экономикэм епха щхьэхуэныгъэхэм хэзыщIыкI IэщIагъэрылажьэхэр щагъэхьэзыр а центрым илъэс къэс цIыхуи 200 къыщIегъэкI.
Апхуэдэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэм къыщызэIуахащ интеллект IэрыщIымрэ бжыгъэрылъанэ технологиехэмкIэ институт. Къудамэм къызэрызэIухрэ куэд дыдэ мыщIами, абы IэщIагъэрылажьэхэр бакалавриатымрэ магистратурэмрэ я програмэхэмкIэ ягъэхьэзыр, цIыху 800 хуэдизи мы лъэхъэнэм щоджэ.
«Егъэджэныгъэ IэнатIэм бжыгъэрылъанэ технологиехэм увыпIэшхуэ щаубыдурэ зэрекIуэкIыр ди нэгу щIокI. Абы ди пащхьэ къалэн зыбжанэ кърегъэувэ. Курыт еджапIэхэм къищынэмыщIауэ, щIэныгъэ гуэдзэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм бжыгъэрылъанэ технологие зэмылIэужьыгъуэхэр тегъэщIапIэ зыщI программэхэр нэхъыбэ щыщIын хуейщ, апхуэдэурэ ди щIалэгъуалэр дунейм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм къыкIэрымыхуу лъэщIэгъэхьэн хуейщ. ТхузэфIэкI къэдмыгъанэу IТ-м епха IуэхущIапIэшхуэхэм, абыхэм япыщIа еджапIэхэм дадэлэжьэнущ», – жиIащ КъБР-м бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэмкIэ, зэпыщIэныгъэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр.
Министрым зэрыжиIэмкIэ, IТ-IэнатIэхэм епха щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Абы къигъэлъагъуэр а IэщIагъэхэм яIэ щIэупщIэм и закъуэкъым, атIэ ди цIыхум зыхащIэ дунейпсо экономикэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр, ахэр къамылъытэу дяпэкIэ лэжьапIэ IэнатIэ тэрэз зэрумыгъуэтынур. Министрым щхьэхуэу къыхигъэщащ 2021 - 2024 гъэхэм къриубыдэу IТ-IэщIагъэхэр зэзыгъэгъуэтхэм я бжыгъэр пщIыкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар. 2021 гъэм ар цIыху 80-м нызэрыхьэс къудейуэ щытамэ, 2024 гъэм а бжыгъэр 800-м фIыуэ щхьэдэхащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зыбжанэ къыщызэрагъэпэщ, ныбжьыщIэ зэчиифIэм я зэфIэкIхэр къэгъэнэIуэным теухуауэ. Апхуэдэу 2024 гъэм Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щекIуэкIащ робототехникэмкIэ зэхьэзэхуэм и БжьыгъуэзэфIэхьыр. А зэпеуэм хэтат гуп 50-м щIигъу, «ЛъыхъуакIуэхэр» икIи «ЩытыкIэ къызэрымыкIуэр зыфIэфIхэр» унэтIыныгъэхэмкIи я щIэныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ щагъэлъэгъуат.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: