КъудамэщIэ къызэIуахащ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт сымаджэщым иджыри зы къудамэ къыщызэIуахащ. ДяпэкIэ абы операцэ щащIынущ зи Iэпкълъэпкъым щыщ къэтхэр. НэхъапэIуэкIэ операцэ ящIу зи фэм щыщ Iыхьэшхуэ траха, зи бгъэ щIахахэм пластикэ щыхуащIыну аращ зи Iуэху зрахуэр.
Лышх узыфэр игъэхъужурэ абы сэкъат хэзыха цIыхухэм пластикэ операцэ щыхуащIыну къудамэр мы IуэхущIапIэм къыщызэрагъэпэщащ къанэ щымыIэу езыр зыхуей хуагъэза нэужь. Ар нэхъыбэу зыхуэунэтIауэ щытынури наIуэщ – щIыфэ, бгъэ лышх лIэужьыгъуэхэм ебэнхэрщ. ЗэрыжаIэмкIэ, къудамэр зыхуей псомкIи къызрагъэпэщащ «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ Iуэхум ипкъ иткIэ.
- КъудамэщIэм щылажьэ хирургхэм, псалъэм папщIэ, бгъэ лышхыр зэрыхахыу арыххэу пластикэ яхуэщIынущ, илъэс зыбжанэ ипэкIэ операцэ ящIахэми еIэзэфынущ. КъищынэмыщIауэ, щIыфэ лышх лIэужьыгъуэу щыIэм щеIэзэнущ, цIыхур сымэджауэ умыщIэу, фэбжь лъэпкъ щIыфэм къытемынэу. КIэщIу жыпIэмэ, узыфэри ягъэхъужынущ, абы и Iэужьри ягъэкIуэдыжынущ, цIыхум и теплъэм темыукIытыхьын, гуауэщхьэуэ иримыхъун папщIэ, - жеIэ IуэхущIапIэм и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, академик Кит Олег. 
Пластикэ хирургие къудамэр операцэ щащI пэшитIрэ, операцэм хуагъэхьэзырхэр зыщIэлъ пэшрэ мэхъу, хьэуар зыгъэкъабзэ, пэшым и хуэбагъыр вэгъзэгъыу зыIыгъ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ, уз зэрыцIалэхэр щыземыкIуэн папщIэ куэдрэ къабзэу щыт, микробхэр зыукI абджхэр хэлъщ, операцэ лIэужьыгъуэ ящIым елъытауэ уэздыгъэ зыбжанэ щIэтщ, медицинэм и иужьрей Iэмэпсымэхэр яIэщ. А псоми дохутырхэм я лэжьыгъэр куэдкIэ щагъэпсынщIэ. 
Иужьрей зэманым куэд хъуащ лышх узыфэхэр зэфыкIыр. ИкIи медицинэр и пIэм иткъыми, абыхэм зэрапэщIэт Iэмал зэхуэмыдэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къоунэху. Гуапэ мыхъуу къанэркъым лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалъэм дэт IуэхущIапIэм и зэфIэкIым къызэрыхэхъуэр. Къапщтэмэ, нэхъапэIуэкIэ абы нейрохирургиемкIэ и къудамэр зыхуэныкъуэ псомкIи къызэщIаузэдащи, зэуэ цIыху 16 операцэ щащIыну зэфIэкI яIэщ. IуэхущIапIэм и унафэщIым зэрыжиIэмкIэ, нобэкIэ ирамыгъэфIэкIуауэ зы къудамэ иIэжкъым онкоцентрым. 
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: