Балъкъэрхэм я гуфIэгъуэр зэдаIэтКъБР-м и Музыкэ къэрал театрым концерт гукъинэж щекIуэкIащ балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэхэм и щIыхькIэ. ГуфIэгъуэ пшыхьым зыкърагъэхьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ ди хьэщIэхэмрэ, щIыналъэм и унафэщIхэм ящыщхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, студентхэм, еджакIуэхэм. Абы къыкIэлъыкIуа илъэс пщIы бжыгъэхэр лъэпкъым и дежкIэ хъуащ социальнэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэ лъагэм я лъэхъэнэ. Ноби балъкъэрхэр лъэ быдэкIэ хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я унагъуэшхуэм, зэгурыIуэм икIи зэрыIыгъым. Ар ипэкIэ мэкIуатэ, къэкIуэнур дахэу еухуэ, ехъулIэныгъэхэр зыIэрегъэхьэ, и къаруи зэфIэкIи ирехьэлIэ ди республикэри къэралри гъэбыдэным. Си фIэщ мэхъу дызэкъуэтмэ, игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI зэныбжьэгъугъэ быдэм, къуэшыгъэм, нэгъуэщI лъапIэныгъэхэм дахуэпэжмэ, гугъуехь псоми дызэрыпэлъэщынур, ди республикэм, Хэкум я ехъулIэныгъэхэм хуэгъэзауэ зыхуэдгъэувыж мурадхэм дазэрылъэIэсынур. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||




