«Сосрыкъуэрэ ху жылэмрэ» гу къылъатащ

«Родная игрушка» урысейпсо зэпеуэр къызэрагъэпэщащ «ЩIэныгъэ», «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысей зэгухьэныгъэхэм. Урысейм щыщу зэрыджэгу хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкIхэм я хьэрычэт Iуэхур ядэIыгъыным, нэхъыщхьэжращи, щIэблэм къэралым къыщыщIагъэкIа зэрыджэгу хьэпшыпхэр яIэным, дихьэхыным хухэха зэпеуэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр иджыблагъэ къапщытащ.

Iуэхум теухуауэ ар къызэзыгъэпэщахэмрэ къэзыпщытахэмрэ жаIар гъэщIэгъуэнщ.

Урысей Федерацэм и Президентым и Администрацэм и унафэщI Кириенкэ Сергей:

- «Родная игрушка» проектыр егъэлеяуэ зэрыщхьэпэм щыхьэт тохъуэ ди Президент Путин Владимир а Iуэхум гулъытэ хэха зэрыхуищIыр. Мыпхуэдэ гупсысэ щыIэщ: «Уи бийм утекIуэну ухуеймэ, и щIэблэр гъасэ», жиIэу. АтIэ дэ ди сабийхэр нэгъуэщIхэм ягъэсэным арэзы дытехъуэ хъунукъым. Зэрыджэгу хьэпшыпым епха мы зэпеуэри Iуэху къызэрыгуэкI гуэр хуэдэу къыпщыхъункIэ хъунщ зэ еплъыгъуэкIэ. Ауэ щыхъукIэ, мыр къызэзыгъэпэщахэм зыхуагъэувыжащ къалэнышхуэ – урысейпсо зэпеуэр ирагъэкIуэкIыу нэхъыфIхэр къыхахкIэ, ахэр зи IэрыкIхэм тыгъэ гуэрхэр хуащIкIэ зэфIэкIынукъым, атIэ а хьэпшыпхэр къыщIагъэкIыу зэтраублэнущ, Урысейм и сабий псоми яIэрыхьэфын хуэдэу.

Урысей Федерацэм и Президентым и чэнджэщэгъу Ямпольская Еленэ:

- Хэкур къыщыщIедзэ Iуэхугъуэ, хьэпшып куэдым я деж. Дауи, абыхэм яхэтщ зэрыджэгу хьэпшыпхэри. Ахэр къэбгъэсэбэпурэ сабийм и зэхэщIыкIыр бунэтIыфынущ. Апхуэдэу щыхъукIэ, дэ зэдгъэпэщыпхъэщ ди лъэпкъ нэщэнэ зытелъ зэрыджэгу хьэпшыпхэр, ахэр ди сабийхэм фIыуэ едгъэлъагъун хуейщ.

«Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и IуэхущIапIэм и унафэщI Орлов Артур:

- Ди зэгухьэныгъэм стIолыщхьэм узэрыщыджэгу хьэпшыпхэр къыщIэгъэкIыным и пIалъэ ещIэ. Дэ зэхэдгъэуващ Урысейм и тхыдэм, и щэнхабзэм, гъуэгум шынагъуэншэу ущызекIуэным, IэщIагъэ къыхэхыным теухуа стIолыщхьэ джэгукIэхэр икIи ахэр зэбгрыдогъэкI. Апхуэдэ джэгукIэхэр щызэхэдгъэувэкIэ, лэжьыгъэм къыхыдошэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ. Ди лэжьыгъэр дгъэунэхуу сабийхэр догъэджэгу, зэрыдихьэхым, зэрахуэгъэIэкIуэлъакIуэм дыкIэлъоплъ. Абы теухуауэ, «Родная игрушка» Iуэхури тпэгъунэгъущ. 

«Родная игрушка» зэпеуэм я лэжьыгъэр къыщагъэлъэгъуащ зэрыджэгу хьэпшып къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэми, творческэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэми, апхуэдэ хьэпшыпхэр зыщIхэми. Абы хэтыну Iэмал иIащ зи ныбжьыр илъэс 14-м щхьэдэха дэтхэнэми. Зэпеуэр лIэужьыгъуитхуу гуэшат: «Образ зиIэ зэрыджэгу хьэпшып нэхъыфI», «СтIолыщхьэ джэгукIэ», «Техникэ, технологие зэрыджэгу хьэпшып», «Конструкторхэмрэ зэпкърыплъхьэ хъу моделхэмрэ», «Мультимедийнэ проект». Мыхьэнэ иратащ ахэр къызыхащIыкIынуми теплъэми. Лэжьыгъи 177-рэ къыхахащ зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм хэтыну. Абыхэм ящыщщ Москва ЭкономикэмкIэ школ нэхъыщхьэм аннимацэмрэ иллюстрацэмкIэ и къудамэм и студент АБАЗЭ Алесэ. «Сосрыкъуэрэ ху жылэмрэ» стIолыщхьэ джэгукIэрщ зэпеуэм щигъэлъэгъуар, къэпщытакIуэхэм гу зылъатар.

Пщащэр КъБР-м, Тэрч щIыналъэм, къыщалъхуащ, иужькIэ унагъуэр Ставрополь Iэпхъуащ. Москва зэрыщеджэ илъэс зыбжанэм къриубыдэу ар хунэсащ проект гъэщIэгъуэнхэр игъэхьэзырын икIи абыхэм цIыхухэр щигъэгъуэзэн. 2023 гъэм ди республикэм и щIалэгъуалэ ассоциацэм иригъэкIуэкIа «Гордость КБР» щIалэгъуалэ зэпеуэм щытекIуащ «Самородок Эльбруса» Iыхьэм. Хъыджэбзым «Iэдииху», «Нартхэм я мафIэ» мультфильм анимацэхэр ищIащ. «Iэдииху» мультфильмым псалъэ щIэткъым. Макъамэу абы щIигъэуващ «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым игъэзащIэ «Елэ-Елэ» уэрэдыр. «Нартхэм я мафIэ» мультфильмыр адыгэбзэкIэ зэхигъэуващ, и лъабжьэм урысыбзэкIэ кIэщIэтхауэ. Псалъэхэр жызыIэу мультфильмым хэтхэр Алесэ и Iыхьлыхэрщ. Сэтэней и макъыр абы щIигъэуващ Алесэ и анэ Асуанэ.

Анимацэ лэжьыгъэхэм ящыщу Алесэ игу ирохь Миядзаки Хаяо и IэдакъэщIэкIхэр.

- Си гум дохьэ Миядзаки и лэжьыгъэхэм зэкIэлъыхьыкIэ убзыхуа зэрамыIэр, апхуэдэ пэтми, купщIэ куу зэрыхэлъыр. «Унесённые призраками» лэжьыгъэр лъэщу къехъулIащ, - жеIэ.

Хъыджэбзым Москва щегъэзащIэ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм я щIалэгъуалэм и лIыкIуэ къалэнри. Зи сабиигъуэр Ставрополь щыкIуа Алесэ анэдэлъхубзэр игъэшэрыуэртэкъыми, игу къеуэрт. Абы щыгъуэми, лъэпкъым сыт щыгъуи псэкIэ пэгъунэгъути, абы щыщыну, адыгэ Iуэхухэм хэтыну хуейт. Аращ Москва здэщыIэм адыгэ щIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэм жыджэру щIыхэлэжьыхьыр. Ар ирогушхуэ зэчий зыбгъэдэлъ, зэфIэкI зиIэ, лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэм зезыпщытыф гупым зэращыщым.

Алесэ зэпеуэм зэрыпхыкIа лэжьыгъэр къигупсысын хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэм хъыбари щIыгъущ. «Сосрыкъуэрэ ху жылэмрэ» джэгукIэр щIалэгъуалэм зэдапхъуэтащ, псом хуэмыдэу ягу дыхьащ абы лъэпкъ IуэрыIуатэр лъабжьэ зэрыхуэхъуар. Ар сабийхэми балигъхэми яхуэщIащ.

- Япэ курсым лэжьыгъэу къыдатащ стIолыщхьэ джэгукIэ къэдгупсысыну. Iэмал имыIэу тегъэщIапIэ тщIын хуейт литературэр. Сэ IуэрыIуатэр къыхэсхмэ нэхъ къэсщтащ, ар IущыгъэкIэ зэрыпсыхьар мы Iуэхум лъабжьэ хуэпщIыфынути. АтIэ, джэгукIэм акъылым и жанагъи хэлъэти къыщыбгъэлъэгъуэн хуейщ. Сосрыкъуэ ху жылэр Емынэжь къызэрытрихыжам и хъыбарыр сыткIи хуэкIуащ си лэжьыгъэм. А хъыбарыр тегъэщIапIэ сщIыным сыкъихуигъэушащ совет зэманым трахауэ щыта «Сосрыкъуэ мафIэр къызэрихьыжар» мультфильмым, - жеIэ Алесэ «Сосрыкъуэрэ ху жылэмрэ» джэгукIэм теухуауэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также:

11.11.2025 - 13:30 Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 12:30 Кувейтым мэлъатэ
11.11.2025 - 11:00 Псы къабзэм егугъуу
09.11.2025 - 11:20 ЩIалэщIэм и мурадхэр