Хэкур дэращ![]() Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ «Хэкур дэращ» къэралпсо пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Къэралышхуэм къыщыхалъхьа жэрдэмыр щIалэгъуалэм я деж нэхьэсынымкIэ, абы къигъэув Iуэхугъуэхэр щ1эщыгъуэ къызэгъэпэщынымкIэ лэжьыгъэ япэу езыгъэкIуэкIахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр. Къыхэгъэщын хуейщ щIэныгъэ-узэщIакIуэ мыхьэнэ зиIэ а пэхуэщIэр къэралым и щIыналъэ 83-м зэрыщекIуэкIыр. Ди щIыналъэм пэхуэщIэм и штабыр мазэ ипэкIэ къыщызэIуахауэ щытащ. «Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирихьэлIэу ди щIыналъэм жэрдэм куэд къызэрыщыхалъхьэм десэжа хуэдэщ. Апхуэдэу щытми, жэрдэмщIакIуэхэм жаIэну зыхуейри и кIэм нэса хуэдэкъым, зыжраIэхэми къыхалъхьэ Iуэхугъуэхэр зыхуэунэтIар зэрыщыту къагурыIуэуи пхужыIэнукъым. Сыт хуэдэ жэрдэмри зытеухуар къытщIэхъуэ щIэблэращ. Къэралым и закъуэкъым, лъэпкъхэри жылагъуэхэри абыхэм я гулъытэ хуэныкъуэщ. ГулъытэкIэ сызэджэри зэмыщхьу къыбгурыIуэ хъунущ. Хэти абы зэхущытыкIэхэр езыгъэфIакIуэ цIыху щIыкIэ щхьэхуэ къригъэкIынкIэ, хэти IэщIагъэмрэ IэнатIэмрэ езыгъэфIэкIуэн гупсысэкIэ лIэужьыгъуэу къыгурыIуэнкIэ хъунущ. Дэ абы хэтлъхьэ мыхьэнэм а зи гугъу сщIахэри къызэщIиубыдэу, тIэкIуи щIыдгъужу къысщохъу. Къэралри жылагъуэри хуэныкъуэщ лъэпкъ зэхэщIыкI зиIэ, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр зыхэзыщIэ, пэжымрэ пцIымрэ я зэхуаку дэлъ далэм и кIуапIэхэр къыхэзылъагъукIыф цIыхухэм. «Хэкур дэращ» фIэщыгъэм къегъэлъагъуэ пщэдейрей махуэхэр фIы хъунуми, Iей хъунуми, мамырыгъэр щытепщэу щытынуми, дуней лъэпкъыбэм дыкъалъытэнуми ди щытыкIэмрэ щIэныгъэмрэ зэрелъытар. Абы щхьэкIэ щIэблэм блэкIам и пэжыр едгъэщIэфын хуейщ, къэкIуэну лъэхъэнэхэм лъэ быдэкIэ хэтын папщIэ. УзэщIакIуэ мыхьэнэ зиIэ мы пэхуэщIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIалэгъуалэм хэкупсэ гъэсэныгъэ бгъэдэлъхьэныр, щалъхуа лъахэм, Хэку цIыкIукIэ дызэджэм, зиужьын папщIэ я къару емыблэжу лэжьахэм я IуэхущIафэхэр ябгъэдэлъхьэныр. Дыхуейт ди хэгъэгум япэ дыдэу къыщызэIуаха еджапIэ нэхъыщхьэм мы лъэхъэнэхэм игъуэта лъагапIэхэр зыIэрыгъэхьэнымкIэ зи гуащIэ емыблэжа цIыхухэр яцIыхуну, абыхэм къащIэна щIэныгъэр зыхуэдэм щыгъуэзэну», – жиIащ «Хэкур дэращ» пэхуэщIэм и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэр зезыгъакIуэ гупым щыщ Къудей Альберт. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ мылъкур» – арат зэреджэр пэхуэщIэм ипкъ иткIэ КъБКъУ-м щекIуэкIа япэ зэIущIэм. Абы къекIуэлIа ныбжьыщIэхэр щагъэгъуэзащ КъБР-м и щIэныгъэлI лъэрызехьэхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм, къащIэна щIэныгъэ хъугъуэфIыгъуэм, ди щIыналъэм къыщымыувыIэу, дунейпсо щIэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм. Апхуэдэу студентхэр щIэдэIуащ химие щIэныгъэм гуащIафIэу хуэлэжьа Шурдым Гъэзэлий, щIыгулъ лIэужьыгъуэхэр зыджа ФиIэпщэ Борис, тхыдэ щIэныгъэм зи лъэужь дахэ къыщызыгъэна Бэрбэч ХьэтIутIэ сымэ ятеухуа къэпсэлъэныгъэхэм. ПэхуэщIэм и япэ лъэбакъуэхэр КъБКъУ-м ауэ сытми щичакъым. Зыми шэч къытрихьэу къыщIэкIынкъым а еджапIэр лIэужьхэр зэзыпх IуэхущIапIэу зэрыщытым, абы къыщIэкIахэм, абдеж щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтахэм яжь иджырей щIалэгъуалэм дэнэ IэнатIи зэращыщIихур. КъБКъУ-рщ лъабжьэ хуэхъуар щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэту хэгъэгум ит нэгъуэщI еджапIэ нэхъыщхьэхэм, ар КъБР-м щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и кIыщщ, жыпIэмэ щыуагъэ хъуну къыщIэкIынкъым. ЖэрдэмщIакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, мы зэIущIэм хуэдэхэр щIыналъэм егъэджэныгъэм пыщIауэ ит IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIынущ. ЩIыналъэхэм я цIыху цIэрыIуэхэр пэхуэщIэм тегъэщIапIэ щIищIым зы щхьэусыгъуэ иIэщ – псы цIыкIу зыхэмылъадэр псышхуэ хъунукъым. Апхуэдэ дыдэу, къэралышхуэм и лъэщагъри къэзыIэтыр щIыналъэхэм я ехъулIэныгъэращ. Лэжьыгъэмрэ гуащIэдэкIымрэ къиIэтаращ лъагапIэм дэкIыфыр.
Поделиться:
Читать также:
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
28.03.2026 - 10:15 →
ЦIыхубэм гуапэу зэдаIэт
28.03.2026 - 09:30 →
Къэрал гулъытэ зыгъуэтахэр
| ||






