Бдзэжьей зыгъэхъухэм гулъытэ хуащI

Бдзэжьей лъэпкъыфIхэр щагъэхъу питомникхэр зыухуэхэм Урысей Правительствэм а лэжьыгъэр ядиIыгъынущ. 
ЖыпIэнурамэ, къуэлэн, бдзантIэ, аргъей, н.къ. бдзэжьей лъэпкъыгъуэхэр зыгъэхъухэм ахэр щаIыгъ щIыпIэхэр, псыгуэнхэр къэгъэщIэрэщIэжыным е щIэуэ ухуэным трагъэкIуадэ мылъкум и процент 25-р къэралым яхуипшыныжынущ. Абы хеубыдэ питомникыр егъэфIэкIуэным, обрудованэщIэхэр къэщэхуным, насос станцхэм, лабораторэхэм, котельнэм, инженер коммуникацэхэм, интернет зэпыщIэныгъэхэм щIата ахъшэхэр, ауэ ахэр псори бдзэжьей гъэхъуным хуэунэтIауэ щытмэщ. 
«Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм бдзэжьей гъэхъун Iуэхум нэхъри зригъэужьыну догугъэ икIи Урысейм и сату щIыпIэхэр а шхыныгъуэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэща хъуным и шэсыпIэщ. Псом япэрауэ, фIагъ лъагэ зиIэ ерыскъыр ди цIыхухэм я Iэнэм телъын хуэдэу, ахэр зыхэплъыхьын яIэн хуейщ», - жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, бдзэжьей лъэпкъыфIхэр щагъэхъу хозяйствэхэр республикэм щыIэщ икIи ахэр хъарзынэу мэлажьэ. Псалъэм папщIэ, илъэс блэкIам къриубыдэу бдзэжьейуэ тонн минитIым нэблагъэ сату щIыпIэхэм хурагъэшащ абыхэм. 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: