Бзэ зэблагъэхэм къызэрыщыкIуэрПсы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Жэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщщ адэкIэ зи гугъу тщIынури.
Пшъадэ (Пшад)
ФIэщыгъэр кIэрыпщIащ урысхэм мы щIыпIэм щаухуа къуажэм, абы къыщхьэщыт, метр 743-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм, натхъуэдж адыгэ лIакъуэм щыщхэр зыдэса тIуащIэм, къинэмыщIауи Геленджикрэ (ХъупIэжьий, ХьэфIыцIей) Архипо-Осиповкэрэ зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэмрэ абдежым гъунэгъуу щежэх псы цIыкIумрэ (иужьрейм «Дуаб» - кIи еджэу щытащ).
ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Пшъадэ («Пшад») щIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр, «пшы» - р, «псы» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна псалъэпкъыращ. НэгъуэщIхэми къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр абхъазыбзэм хэт «апшадэ» («жьыншэ») псалъэм къытехъукIащ.
УарохьэлIэ щIыпIэцIэр иджырей кIахэ адыгэбзэм IыхьитIу щызэхыхьэ «пщэ-ды» жыIэкIэм хуэзышэхэми. Абыхэм къызэрыхагъэщхьэхукIымкIэ, япэ Iыхьэр, «пщэ» - р, «пшэ», «пшагъуэ» мыхьэнэхэм уахуэзышэщ, «ды» - р «щIэзыхъума», «зысея», «зыгъэдия» егупсысыкIэм убгъэдэзышэщ.
ФIэщыгъэм ехьэлIауэ нэгъуэщI зы еплъыкIи щыIэщ. Абы тетщIыхьмэ, щIыпIэцIэр лъабжьитIу зэхэлъщ: «пщэ(й)» - рэ «дэ» - уэ. Япэ Iыхьэр, «пщэ (й)» - р, тхушэдеяфэ (чинар) жыгым натхъуэдж адыгэхэр зэреджэу щытам пэгъунэгъущ, етIуанэ пычыгъуэр, «дэ» - р, пхъэщхьэмыщхьэ быдэ цIыкIум и лъэпкъыгъуэ псоми хужаIэ псалъэрщ. Ауэ щыхъукIи, фIэщыгъэр къызэрыбгурыIуэ хъунур «тхушэдеяфэрэ дейуэ зэхэт мэз» - жиIэущ.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, щIыпIэцIэхэр зэхуэхьэсыжыным зэманышхуэ тезыгъэкIуэда Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгэ топонимикэм и псалъалъэ» («Адыгейский топонимический словарь») и тхылъым зэритымкIэ, «Мэзмый» фIэщыгъэм дежи дызыщрихьэлIэр ищхьэкIэ къэтхьа «пщэды»-м ещхь псалъэ зэхэгъэувэкIэщ.
«Пшы» - «Псы»
«Пщыхьэ» - псыцIэщ. Мэзылъэ Iуащхьэхэр къызэзынэкIыу тафэм къытехута Щхьэгуащэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ къыщыхэлъадэ псыхэм я нэхъ инщ. «Пшышъхьа» псалъэри абы къытехъукIащ, и мыхьэнэкIэ «псым и щхьэ» - жыхуиIэщ.
«Пшиш» («Пщыщ» - кIахэ, «Пшышэ» - къэбэрдей) - Псыжь сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэж псыщ. Мы зэманым Куринская, Хадыженск (Хъыдэжьы), Кабардинская, Черниговская, Тверская, Гурийская, Бжедуховская станицэхэр тесщ.
«Адыгэ IуэрыIуатэхэр» тхылъым, Налшык къалэ 1968 гъэм къыщыдэкIам, ущрохьэлIэ «Пшышэжь» псалъэм, «Пшышэ и кIуапIэжь, ар зыдэту щыта ныджэжь» мыхьэнэхэр къызэрыкIым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, къызытепщIыкIар ищхьэкIэ зи гугъу тщIа псыцIэрщ.
«Пшыз» - кIахэ адыгэхэр Псыжь (Кубань) зэреджэр апхуэдэущ. ЖытIа псоми къадэкIуэу, мы фIэщыгъэм дызригъэгупсысаращ: «Ярэби, абы и цIэр «псы изу зэрыт» жыхуиIэм къытемыпщIыкIауэ пIэрэ?»
«Псыш» - Къэрэшей-Шэрджэсым и Архъыз щIыпIэм къедза и бгыщхьэхэмкIэ щежэх псыщ. И тIуащIэм дахащэу къыщхьэщытщ «София», «Псыш», «Токъмакъ» зыфIаща Iуащхьэ абрагъуэхэр. А псоми я нэхъ уардэжу а щIыпIэм и ижрабгъу лъэныкъуэмкIэ щиплъагъуэр «Пшиш» цIэр зытеIукIа, метр 3790-рэ зи лъагагъ бгы нэхъ ин дыдэрщ.
ГъэщIэгъуэнщ, абхъазхэм къагъэсэбэп «пшап» псалъэр адыгэхэм «псыпэ» зыхужытIэр зэрыарари. Уеблэмэ, къызэрыщыхутар уэ къащIэ, ауэ, «пша» псалъэпкъыр куржыхэм я бзэми хэтщ, «псы кIантIэ», «псынэ къибыргъукI» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




