Зэран мэхъу, хэщIыныгъи ирет

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэ­рызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

Абы щытепсэлъыхьащ хущхъуэхэр, тутыныр, фадэр хабзэм къемызэгъыу зэрызэрагъэкIуэ­кIыр къызэпыудыным, республикэм и социальнэ IуэхущIапIэхэр фIагъ зиIэ икIи шына­гъуэншэ ерыскъы­пхъэхэмкIэ къызэгъэпэщы­ным теухуауэ зэфIагъэкIхэм.
«Комиссэм и лэжьыгъэм хохьэ къэрал къу­лыкъущIапIэ зэхуэмыдэхэмрэ продукцэр хабзэншагъэкIэ щIыналъэм къишэным, къы­щы­щIэгъэкIыным, щызэгъэкIуэкIыным пэщIэт къэп­щы­такIуэ кIэ­лъып­лъакIуэ ведомствэхэм-рэ я лэжьыгъэр зэгъэуIуныр. Абы мыхьэнэш­-хуэ иIэщ хамэ къэралхэм щащI хьэпшыпхэр щIыпIэм къызэры­рашэр, къэралым и хэ­гъэгухэм налог, таможнэ хабзэхэр, шынагъуэншагъэм и техникэ жыпхъэхэр къызэ­пауду продукцэхэр къызэрыщыщIагъэкIыр тэмэму къэп­щыта хъунымкIэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Хьэпшыпхэр хабзэм къемызэгъыу зэгъэ­кIуэ­кIыным мыхъумыщIагъэшхуэ къишэнущ, сыт щхьэ­кIэ жыпIэмэ ар къэзыгъэсэбэпхэм я узыншагъэмкIэ, я гъащIэмкIэ шынагъуэншэу щыткъыми, апхуэдэу хьэрычэт Iуэхум зэран хуохъу, бюджетми хэщIыныгъэ ирет.
Республикэм и УнафэщIым зыхуэфащэ IэнатIэхэм пщэрылъ ящищIащ а Iуэхухэм кърикIуэну ныкъусаныгъэхэр зыхуэдэм цIыхухэр щыгъэ­гъуэзэным жыджэру яужь итыну.

Поделиться: