Жэгундэр яхуобагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, ерыскъыпхъэ жэгундэм щыщу республикэм нэгъабэ къыщрахьэлIэжар тонн мини 6-м щIигъуащ икIи абы ипэ ита илъэсым нэхърэ проценти 6-кIэ нэхъыбэ хъуащ. 

Жэгундэм и нэхъыбэр, тонн мини 5,8-р, унагъуэхэм къагъэкIащ. Ику иту зы гектарым центнер 300 къытекIащ е 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 103-кIэ хуэкIуэу. 
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм хадэхэкIыу псори зэхэту щыIуахыжам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр япэ ищащ нэгъабэ. Псалъэм къыдэкIуэу, пхъыуэ тонн мини 4-м нэблагъэ кърахьэлIэжащ е 2023 гъэм нэхърэ процент 20-кIэ нэхъыбэу. Илъэс блэкIам а хадэхэкI лIэужьыгъуэм щыщу къатIыжам и куэдагъми процент 13,5-кIэ хагъэхъуащ икIи зы гектарым хуэзэу центнер 209,4-рэ къытрахыжащ. 
Пхъыри, жэгундэм хуэдэу, нэхъыбэу къэзыгъэкIыр унагъуэхэрщ, псори зэхэту къатIыжам щыщу тонн мини 3,7-р абыхэм кърахьэлIэжащ.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: