IэнатIэщIэм ехъулIэныгъэ щиIэну![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Бэдракъ Iэминэ. Бэдракъ Iэминэ мэлыжьыхьым и пэм а къулыкъум теува къудейщ. ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, цIыхубэм я зыужьыныгъэм хуэунэтIа проектхэм, ахэр гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэм. КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым зэIущIэм щытепсэлъыхьыжащ. Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ я псэукIэкIэ щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм щыщ сабийхэм. Я гугъу ямыщIу къэнакъым дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абы и ветеранхэмрэ я бынхэми.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
11.12.2025 - 16:00 →
Псалъэхэм къарыкIыр
11.12.2025 - 15:00 →
Лэжьыгъэм и ветеранхэр
09.12.2025 - 15:25 →
Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр
03.12.2025 - 14:29 →
Ныпыр напэщ
| ||





