Болэтей тхьэмадэхэр зи гъуазэ жылэХабзэ, псэукIэ, зэхэтыкIэ дахэ зыдэлъ жылэщ Терекскэ (Болэтей) къуажэр. Я нэхъыжьхэр я жьантIэдэсу ахэр зи гъуазэ щIэблэр жыджэру къохъу. Къуажэдэсхэм зыщагъэгъупщэркъым жылэр зэфIэувэным, зэIузэпэщу, зыхуей хуэзэу псэуным псэемыблэжу зи гуащIэр хэзылъхьахэр, нобэми абы хуэлажьэхэр. ЩIыпIэ самоуправленэм и советым ЩэнхабзэмкIэ унэм щригъэкIуэкIа зэхыхьэм хуабжьу щаIэтащ къуажэмрэ щIыналъэмрэ егъэфIэкIуэным зи къару куэд тезыгъэкIуэда нэхъыжьитIыр. Ахэр жыджэру сыт хуэдэ Iуэхуми зэрыхэтым, зы махуи замыгъэпсэхуу я IэнатIэр къызэрырахьэлIам, жылагъуэ Iуэхухэми щыпашэу зэрыщытым и щыхьэт нэсщ иджы кърата дамыгъэр.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
11.12.2025 - 16:00 →
Псалъэхэм къарыкIыр
11.12.2025 - 15:00 →
Лэжьыгъэм и ветеранхэр
09.12.2025 - 15:25 →
Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр
03.12.2025 - 14:29 →
Ныпыр напэщ
| ||




