Гуапэт, гушыIэрейт, гущIэгъу зыхэлът…![]() Хьэщэ Артур Аруан къуажэм къыщалъхуащ 1983 гъэм. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, юрист IэщIагъэм хуеджащ, итIанэ пIалъэкIэ хэтащ ОМОН-м. 2014 гъэм Артур унагъуэ дахэ иухуащ. Къахэхъуащ хъыджэбз цIыкIурэ щIалэ цIыкIурэ. И унагъуэм хуэгумащIэт, щIэхъуэпсырт дунейр яригъэлъагъуну. Хъыджэбзыр игъафIэрт, щIалэм ткIийуэ зыкъыщигъэхъуну хэтт. Сабийхэм адэр я гъуазэт, я щапхъэт, я лIыхъужьт. Артур сыт щыгъуи жиIэу щытащ, пхъу иIэмэ, и щхьэцыр хуиухуэну зригъэсэну. Аращ зэрыхъуари, и хъыджэбз гъэфIэным и щхьэцыр хузэщIикъуэрт, хуиухуэнырт. Сабий фIыуэ илъагъурт, езыхэми зыхащIэ хуэдэт абы и псэм и хуабагъэр - къаухъуреихьырт цIыкIухэм. Абы къагурыIуэн, зыхащIэн бзэ щабэт зэрадэуэршэрыр.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
| ||





