ХьэрычэтыщIэ гуащIафIэхэр

«Хьэрычэт IэнатIэ мащIэм – сату щIыпIэ нэхъ инхэр» фIэщыгъэр зэрихьэу Новгород Ищхъэрэм иджыблагъэ щекIуэкIа къэрал конференцым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэу Къуныжь Теймуразрэ Блий Залинэрэ. Республикэм и хьэрычэтыщIэхэм зэхуэсышхуэм хэтыну Iэмалхэр яритащ «Си хьэрычэт IэнатIэ» щIыналъэ центрым.

Блий Залинэ пхъэщхьэмыщхьэ зэхэгъэвахэр зэмылIэужьыгъуэу къыщIегъэкI, «Эко-Джем» фIэщыгъэр зэрахьэу. Бзылъхугъэм и шхыныгъуэ гуакIуэхэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр, зэрыIэфIым имызакъуэу, абыхэм консервантхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъун химие, хущхъуэ пкъыгъуэхэр, н.къ. зэрыхэмылъырщ. Абы нэмыщI, Залинэ варенэхэр къызыхищIыкIыр езым и хадэм, и благъэ-Iыхьлыхэм я деж къыщагъэкIа пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ, уеблэмэ хадэхэкIхэмрэщ.

«Уней IуэхущIапIэр къыщежьар 2020 гъэрщ. ЯпэщIыкIэ ар гъэунэхуныгъэ, къэхутэныгъэ пэхуэщIэ гуэру щытащ. ИужькIэ, хуэм-хуэмурэ абы сызыIэпишащ, икIэм-икIэжми, лэжьыгъэ схуэхъужащ. Зэмани, къаруи, зэрыжаIэу, лъэгъуныгъэри куэду тызогъэкIуадэ си IэнатIэм. Апхуэдэу щымытамэ, си Iуэхум зыри къикIыну къыщIэкIынтэкъым», - жеIэ Залинэ.

Къуныжь Теймураз и лэжьыгъэр зыпыщIар гъэшхэкIхэрщ, адыгэшхур псом япэ иригъэщу. ЩIалэм къыщIигъэкI продукцэхэри экологие и лъэныкъуэкIэ къабзэщ. ЯпэщIыкIэ зы жэщ-махуэм шхууэ литр 50 игъапцIэу щытащ, иджы нобэ ар тонн мини 2-м нызэрыхьэсащ. Теймураз и лэжьыгъэм автоматикэр къыщигъэсэбэп хъуащ икIи адэкIэ зэрызиужьынум йогупсыс.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: