КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2024 гъэмрэ дызэрыт илъэсым и япэ мазищымрэ зэрагъэзэщIам. Апхуэдэуи «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къэралым зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэр къыщызэщIакъуэжащ.
ЗэIущIэм Хьэщпакъ Маринэ, езым зэрызыхуигъэзам къыхэкIыу, и депутат къалэнхэр щыщхьэщахащ.
Депутатхэм етIуанэ еджэгъуэм къыщащтащ «Унэ ящIын папщIэ, цIыху щхьэхуэхэм пщIэншэу щIы Iыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыхухахымрэ республикэм и ЩIы кодексым и Iыхьэ 14-мрэ 17-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Фадэрэ Iэпкълъэпкъыр жан зыщI нэгъуэщI псыхэмрэ ящэну щыхуит зэманыр гъэбелджылынымрэ КъБР-м Административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ и кодексым и Iыхьэ 7 - 1.13-мрэ ятеухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законхэм я проектхэр. ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ «КъБР-м хеящIэхэм я коллегием жылагъуэм и лIыкIуэхэр зэрыхагъэхьэ щIыкIэм теухуауэ» КъБР-м и Законым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
Депутатхэм зэдэарэзыуэ къащтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2024 гъэм зэрагъэзэщIам теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ жиIащ КъБР-м и Парламентым накъыгъэм и 20-м иригъэкIуэкIа едэIуэныгъэхэм дэфтэрым купщIафIэу зэрыщытепсэлъыхьар. Абы зэрыжиIамкIэ, щIыналъэм нэгъабэ иIа хэхъуэхэр сом мелард 1,9-кIэ нэхъыбэ хъуащ, зытращIыхьам нэхърэ. Налогхэмрэ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ проценти 108,2-кIэ ягъэзэщIащ. Налог хэхъуэхэр - сом мелард 17,5-рэ, нэгъуэщI хэхъуэхэр сом меларди 3,6-рэ хъуащ. Зымыгъэзэж хэхъуэу къыхэхъуащ сом мелард 41,3-рэ.
Республикэм псори зэхэту къигъэсэбэпар сом мелард 63,2-рэ мэхъу. Социальнэ мыхьэнэшхуэ зиIэIуэхугъуэхэм хуаутIыпщащ сом мелард 43,6-рэ. Улахуэм проценти 10 хэгъэхъуэныр къыщыгъэлъэгъуа унафэм тету, сом мелард 1,68-рэ а Iуэхум иджыри щIагъуащ.
ЦIыхухэм къэралым зэрызащIигъакъуэм сом мелард 14,1-рэ текIуэдащ. ДэIэпыкъуныгъэхэм къызэщIрагъэубыдащ цIыху мин 372-м щIигъу. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъуну ахъшэм щIагъуащ сом меларди 2-рэ мелуан 452-рэ. Сабий ахъшэр тыным ехьэлIауэ УФ-м и Социальнэ фондым и субвенцэр сом мелард 1,6-рэ мэхъу. Псори зэхэту ахъшэр яIэрыхьащ сабий мини 157-м (сом мелард 30-м щIигъу).
Законопроектыр даIыгъа нэужь, министрым утыку кърихьащ КъБР-м и бюджетыр 2025 гъэм и япэ мазищым зэрагъэзэщIар къыщыгъэлъэгъуауэ КъБР-м и Правительствэм игъэхьэзыра дэфтэрыр. Лисун Еленэ жиIащ зи гугъу ящI пIалъэм къриубыдэу, щIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 14,3-рэ зэрыхъуар (илъэсым траухуам и процент 23-рэ мэхъу), къигъэсэбэпар - сом мелард 13,3-рэ. Къыдэхуар сом мелуан 936,9-рэ мэхъу. Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм езым и хэхъуэхэр процент 35,2-рэ хъуащ, 2024 гъэм елъытауэ ар проценти 3,1-кIэ нэхъыбэщ. Абы къызэщIеубыдэ налог хэхъуэу процент 28,3-рэ (сом меларди 4-рэ мелуан 27,9-р) нэгъуэщI хэхъуэу проценти 7 (зы мелардым щIигъур), зымыгъэзэж ахъшэу - процент 64,7-рэ (сом меларди 9,3-рэ). Социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэмрэ къалэн нэхъыщхьэхэмрэ текIуэдащ сом мелард 11,2-рэ (къагъэсэбэпам и процент 84-р). Абы щыщу социальнэ ахъшэ тыным сом меларди 2,9-р хуэгъэзауэ щытащ, муниципальнэ районхэм я бюджетым ягъэкIуащ сом меларди 4,5-м щIигъу. Бюджет IуэхущIапIэ Iутхэм улахуэр етыным сом меларди 2,2-рэ хухагъэкIащ, фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэм - сом мелард 1,3-рэ.
КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуэжей Рустам къызэщIикъуэжащ IуэхущIапIэм и бюджетыр 2024 гъэм зэрагъэзэщIар. Депутатхэм зэдэарэзыуэ ар къащтащ.
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэм зэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Романовэ Еленэрэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Дадэ МуIэедрэ.