Псэ жыгФэеплъыр адыгэхэм я щыгъуэ махуэм ирихьэлIэ 2004 гъэм щхьэтепхъуэр трахауэ щытащ . Абдежырщ иджы республикэм ис адыгэхэр гъэ къэс накъыгъэм и 21-м щызэхуэсыр - блэкIа гуузыр ягу къагъэкIыжыну, къэкIуэнум фIыкIэ зэрыщыгугъыр къаIуэтэну. Абы и проектыр къэзыгупсысар архитектор Мату Заурщ, скульпторыр ГъущIапщэ Арсенщ. «Псэ жыгыр» домбеякъым къыхэщIыкIащ. 1763 -1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм адыгэ хэкIуэдахэм я фэеплъ. «Псэ жыгым» къыгуэкIыу къудамэ блырыблу сатыритI докIуей, адэмрэ анэмрэ я зырыз. КъызэраIуэтэжымкIэ, абы къикIыр адыгэм «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуиIэращ, унагъуэ здэбухуэну цIыхур бжьиблкIэ мынэхъ мащIэу лъыкIэ упэжыжьэн зэрыхуейрщ. «ЩIым къыхэкIри, щIым хыхьэжащ» жыхуаIэм хуэдэу, сатыритIу дэкIуей къудамихыр жыгым и пкъым къыхокIри абы хохьэж. Жыгым и щхьэкIэ дыдэм тет къудамэ нэхъ цIыкIухэр, къэтIэпIын къудейуэ, дыгъэм зыхуаший хуэдэ, уэгум етащ. Лъэпкъым и къуэпсыр зэрымыгъужам, адыгэм и псэ жыгыр иджыри зэрыдэкIейм и нэщэнэу. Жыгым и адрей лъэныкъуэмкIэ бынжэу тху тетщ. Дызэрыщыгъуазэщи, бынжэр Iэпкълъэпкъым и узыншагъэм и нэщэнэщ, ар мыузыншэмэ, Iэпкълъэпкъри узыншэнукъым. А гупсысэм къыхэкIыу, бынжитхур лъэпкъым дяпэкIэ щIэблэ узыншэ къызэрыщIэхъуэнум и нэщэнэу «Псэ жыгым» тещIыхьащ. Аращ мы фэеплъым Iэщэ сурэт е зауэлI теплъэ щIыхэмытыр.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2026 - 09:30 →
IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIэту
20.09.2026 - 12:00 →
Дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къарууфIэу
19.09.2026 - 10:17 →
Урысейм и къарур - цIыхухэм я хуитыныгъэрщ
19.09.2026 - 10:00 →
Хэхыныгъэм щIидзащ
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
| ||




