Дахагъэм и къарур![]() Урысей Федерацэм хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ щыщу зыкIэлъыплъыжыным, загъэдэхэным пыщIа Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я бжыгъэр мини 113,6-м щIигъуащ. ЖыпIэнурамэ, мы гъэм и щIышылэ - мэлыжьыхь мазэхэм абыхэм мин 30-м щIигъу къахэхъуащ, я процент 96-м щIигъур унейуэ. Апхуэдэу щыхъукIи, ахэр къызэIузыха хьэрычэтыщIэхэм я нэхъыбэм я ныбжьыр илъэс 35-м щIигъуакъым, къыщыхагъэщащ МСП Корпорацэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм. «Дэ долъагъу зыгъэдэхэным пыщIа IэнатIэм жыджэру зэрызиужьым щIалэгъуалэм я фIыгъэ зэрыхэлъыр. Иужьрей илъэсищым апхуэдэ IуэхущIапIэхэм процент 14-кIэ хэхъуащ 2022 гъэм елъытауэ. Абы щыгъуэ мини 100-щ ахэр зэрыхъуар.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
11.12.2025 - 16:00 →
Псалъэхэм къарыкIыр
11.12.2025 - 15:00 →
Лэжьыгъэм и ветеранхэр
09.12.2025 - 15:25 →
Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр
03.12.2025 - 14:29 →
Ныпыр напэщ
| ||





