Бжыгъэм нэхърэ фIагъыр нэхъыбэу![]() КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щыхэплъащ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хуэунэтIа лъэпкъ пэхуэщIэхэр ди республикэм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэм. ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ нэгъабэ яхузэфIэкIамрэ дызэрыт илъэсым зэлэжьыну къапэщылъхэмрэ я гугъу ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ. КъулыкъущIэм къыхигъэщащ «Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ КъБР-м и щIыналъэ проектхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр ягъэзэщIэн папщIэ 2024 гъэм къыхуаутIыпща ахъшэр къанэ щымыIэу къызэрагъэсэбэпар. ЖыпIэнурамэ, 2023 гъэм щыIэ бжыгъэхэм елъытауэ илъэс блэкIам хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ я бжыгъэм фIыуэ хэхъуащ е проценти 106,3-кIэ хуэкIуэу икIи псори зэхэту абы я бжыгъэр 22629-м нызэрыхьэсащ. 2025 гъэм щIышылэм и 1-м лэжьэн щIидзащ «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» пэхуэщIэщIэм. Абы къыхэкIыу, УФ-м бизнесым зэрызыщрагъэужь Iэмалхэми зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтащ. Иджы нэхъыщхьэр хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ я бжыгъэм хэгъэхъуэныр аракъым, атIэ, а щыIэхэм зегъэужьынымрэ зегъэубгъунымрэщ. Лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ щIыналъэ проектхэр гъэзэщIа хъун щхьэкIэ, 2025 гъэм абыхэм трагъэкIуэдэнущ сом мин 30299-рэ, абы щыщу сом мин 21185-р къэрал бюджетым, сом мини 9114-р республикэ бюджетхэм къахэкIынущ.
Поделиться:
Читать также:
22.11.2025 - 10:00 →
Зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ зи тегъэщIапIэ
16.11.2025 - 09:36 →
Шынагъуэншагъэр къалъытэ
16.11.2025 - 09:00 →
Аруан щIыналъэм щызэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ
12.11.2025 - 18:59 →
Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ
02.11.2025 - 12:52 →
ПсэукIэр егъэфIэкIуэным пащэ
| ||





